Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

4 УЭРЭДЫР

«Иеговэ — си Мэлыхъуэщ»

«Иеговэ — си Мэлыхъуэщ»

(Псалом 23)

  1. 1. Иеговэ — сэ си Мэлыхъуэщ!

    Зы щхьа сымышынэ сэ!

    И нэІэр мэлхэм ятригъэтщ,

    Зэи ахэр щымыгъупщэн.

    Уэ псынэ къабзэм сыбошэ,

    Апхуэдэу гупсэху согъуэт.

    Сэ чэнджэщ, ущие къызитурэ,

    Си гъащІэм унафэ щещІ.

    Чэнджэщ, ущие къызетыр сэ,

    Си гъащІэм унафэ щещІ.

  2. 2. КъыстемыкІуэн щхьэкІэ шынэр,

    Иеговэ сыщыгугъынщ.

    Абы и жьауэм сэ сыщІэтыху

    Сыт щыгъуи сыкъихъумэнщ.

    Абы Іэнэшхуэ схуеухуэ,

    Сэ зыми сыщымыщІэн.

    Тхьэм и лъагъуныгъэр дахащэу щытщ,

    ИгъащІэкІи сыщІэтынщ!

    И лъагъуныгъэр дахащэу щытщ,

    ИгъащІэкІи сыщІэтынщ!

  3. 3. Мэлыхъуэр Іущщ икІи щабэщ!

    УэрэдкІэ сэ щытхъу хузощІ.

    И лъагъуныгъэм сыщІэту сэ

    И мэлхэм хъыбар хуэсхьынщ.

    И псалъэр пэжу згъэзащІэу,

    Гъуэгу пэжым сыкъытемыкІ.

    Дэ хъыбару дгъэІур налкъутым ещхьщ,

    СифІэфІу сэ ар згъэІунщ.

    Хъыбару дгъэІур налкъутым ещхьщ,

    СифІэфІу сэ ар згъэІунщ.

(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 28:9; 80:1.)