Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

6 УЭРЭДЫР

Уафэгум Тхьэм и щІыхьыр къыщыхощыр

Уафэгум Тхьэм и щІыхьыр къыщыхощыр

(Псалом 19)

  1. 1. Уафэгум Тхьэм и щІыхьыр къыщыхощыр,

    Дахащэу къигъэщІащ

    Абы щытлъагъуу хъуар.

    МахуэщІэу хъуам щытхъу Иеговэ къыхуехь.

    Вагъуэбэу жэщым къитІысхьам

    Іущагъыр щыдолъагъу.

  2. 2. Иеговэ хабзэ къыдитахэр щхьэпэщ.

    ДэІэпыкъуэгъу хуэхъунщ

    Зызыхъуэжыну хуейм.

    Хьэкуму ищІхэм захуагъэ къыхощ,

    Унафэр къабзэщ, псалъэр пэжщ.

    Фо ІэфІщ ар зыщІэм деж.

  3. 3. Иеговэ игу деуэну дэ дыхуейкъым.

    И хабзэм дэ дытетщ,

    Налкъутым хуэдэщ ар.

    Ди Іуэхухэр фІымкІэ абы еунэтІ,

    Иеговэ и цІэр, щІыхьыр, пщІэр

    Дунейм щыдгъэлъэпІэнщ.

(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 111:9; 145:5; Апок. 4:11.)