Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

13 УЭРЭДЫР

Хьисэ щапхъэ тхуохъу

Хьисэ щапхъэ тхуохъу

(1 Петр 2:21)

  1. 1. ГущІэгъу Тхьэм къытхуищІащ,

    И лъагъуныгъэр куущ.

    Итащ дэр щхьэкІэ абы и Къуэ щІасэр.

    Ар щІылъэм къыщалъхуащ,

    И Адэм хуэпэжащ.

    Псэемыблэжу Абы хуэпсэуащ.

  2. 2. Ар Адэм едэІуащ,

    И Псалъэр игу илъащ,

    ГурыІуэныгъэр, Іущагъыр хилъагъуэт.

    Абы зигъэлъэхъшащ,

    ЩапхъэфІи дэ тхуэхъуащ.

    ГуфІэгъуэ хихыу ар Тхьэм хуэлэжьащ.

  3. 3. Дэ Хьисэ и лъэужь

    Дытету дыпсэунщ,

    И гупсысэкІэр, хьэл-щэнхэр зыхэтлъхьэу.

    И щапхъэр дигу илъынщ,

    Тхьэм жиІэм дыщІэтынщ.

    Апхуэдэу ди Адэр дэ тщІынщ арэзы.

(Абы нэмыщІ феплъ Ин. 8:29; Еф. 5:2; Флп. 2:5—7.)