Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

17 УЭРЭДЫР

«Сыхуейщ!»

«Сыхуейщ!»

(Лука 5:13)

  1. 1. Хьисэ псори фІыуэ делъагъу,

    Дэр щхьэкІэ мы щІылъэм къэкІуащ.

    Зигъэлъахъшэу щытащ, ар псэемыблэжт.

    Дунейм хъыбарыфІыр къихьащ.

    ЦІыхухэм гупсэхугъуэ яритт,

    Сымаджэр абы игъэхъужт.

    Иеговэ и псалъэм ар щІэту,

    «Сыхуейщ!» — жриІащ и Адэм.

  2. 2. УнэІутым хэлъщ зэхэщІыкІ,

    Чэнджэщ и зэманым къыдет.

    ХъыбарыфІыр дгъэІуну къыддоІэпыкъу,

    А Іуэхум ди гъащІэр еттынщ.

    Зи гур къабзэм Тхьэр къицІыхунщ,

    И фІылъагъуныгъэр къищІэнщ.

    Мы дунейм цІыхуу тетым жыдоІэ:

    «Иеговэщ быдапІэу диІэр!»

(Абы нэмыщІ феплъ Ин. 18:37; Еф. 3:19; Флп. 2:7.)