19 УЭРЭДЫР
Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр
-
1. Ди Адэ, Алыхь Иеговэ,
Пщыхьэщхьэ дгъэлъапІэр къэсащ!
Лъагъуныгъэр, Іущагъыр, къарур наІуэ хъуащ,
Ди гъуэгур уэ захуэ тхуэпщІащ.
Уи лъэпкъ къыхэпхар къыщебгъэлым,
Абы щынэм илъ игъэжащ.
Хьисэ и лъыр апхуэдэу дэр щхьэкІэ бгъэжащ,
Псалъэ птам пэжу утетыжащ.
-
2. Ди пащхьэм ит щІакхъуэ, шагъырым
Уасэшхуэ птар дигу къагъэкІыж.
Тыгъэ лъапІэ тхуэпщІащ: уи Къуэр дэр щхьэкІэ лІащ,
Жэнэтым и гъуэгу зэІупхащ!
ФІыщІэшхуэ пхудощІ мы пщыхьэщхьэм,
Илъэс къэс ар дэ дгъэлъэпІэнщ.
Уэ гуэныхьым, лІэныгъэм дыкъыІэщІэпхащ,
Ар сыт щыгъуи дэ дигу идгъэлъынщ.
-
3. Уи пащхьэм дыщызэхуэсауэ,
Дэ ди гур уи деж пхуэгъэзащ.
Хьисэ и къурмэныпхъэм дэ пщІэшхуэ худощІ,
Иеговэ, уэ щытхъу къыпхудохь!
Дэ нобэ дгъэлъапІэ пщыхьэщхьэм
Акъылыр, гур къабзэ ирещІ.
Хьисэ дэ и лъэужь махуэ къэс дытетынщ.
ДунеищІэр Тхьэм къытлъигъэсынщ.
(Абы нэмыщІ феплъ Лука 22:14—20; 1 Кор. 11:23—26.)