Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

21 УЭРЭДЫР

Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр адэкІи япэ ивгъэщ

Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр адэкІи япэ ивгъэщ

(Маттэ 6:33)

  1. 1. Тхьэм гуфІэгъуэ къыхуэзыхьу,

    Дыщэ лъапІэм хуэдэу щытщ —

    Пащтыхьыгъуэу Хьисэ иІэм

    Псори зэфІигъэувэжынщ.

    ЕЖЬУ

    Пащтыхьыгъуэм и Іуэху псори

    Япэ дыдэ фэ ивгъэщ.

    Адэр лъэпкъыу хъуам вгъэлъапІэ,

    Пэжым быдэу фэ фытет.

  2. 2. ЗэикІ фримыгузавэ

    ЩыфтІэгъэнум, фшхынум фэ.

    Пащтыхьыгъуэр къэзылъыхъуэм

    Адэм псори къритынщ.

    ЕЖЬУ

    Пащтыхьыгъуэм и Іуэху псори

    Япэ дыдэ фэ ивгъэщ.

    Адэр лъэпкъыу хъуам вгъэлъапІэ,

    Пэжым быдэу фэ фытет.

  3. 3. ХъыбарыфІыр псоми хуэфхьу,

    Тхьэм хуэфащэхэр къэвгъуэт.

    Иеговэ щыгугъыну

    ЦІыхухэм фэ фадэІэпыкъу.

    ЕЖЬУ

    Пащтыхьыгъуэм и Іуэху псори

    Япэ дыдэ фэ ивгъэщ.

    Адэр лъэпкъыу хъуам вгъэлъапІэ,

    Пэжым быдэу фэ фытет.

(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 27:14; Мт. 6:34; 10:11, 13; 1 Пет. 1:21.)