Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

27 УЭРЭДЫР

Алыхьым и къуэхэр куэд мыщІэу дунейм иригъэлъэгъунущ

Алыхьым и къуэхэр куэд мыщІэу дунейм иригъэлъэгъунущ

(Рим 8:19)

  1. 1. Алыхьым и къуэхэр дунейм

    Куэд мыщІэу илъэгъунщ.

    Пащтыхьу ахэр теувэнщ,

    Я щІыхьыр наІуэ хъунщ.

    ЕЖЬУ

    Алыхьым и къуэхэр къэкІуэнщ,

    Я Пашэр я гъусэнщ.

    ТекІуэныгъэшхуэри къахьынщ,

    Тыгъэшхуэр къалъысынщ.

  2. 2. Бжьамийм и макъ къэнахэм деж

    Куэд мыщІэу къиІукІынщ.

    Пащтыхьым зэхуишэсыжынщ,

    Унагъуэ ахэр хъунщ.

    ЕЖЬУ

    Алыхьым и къуэхэр къэкІуэнщ,

    Я Пашэр я гъусэнщ.

    ТекІуэныгъэшхуэри къахьынщ,

    Тыгъэшхуэр къалъысынщ.

    ЗЭПЫЗЫЩІЭ ЕДЗЫГЪУЭ

    Пащтыхьымрэ а къуэхэмрэ

    Бий псоми ятекІуэнщ.

    Абыхэм я нэчыхь ятхар

    ИгъащІэкІэ щыІэнщ!

    ЕЖЬУ

    Алыхьым и къуэхэр къэкІуэнщ,

    Я Пашэр я гъусэнщ.

    ТекІуэныгъэшхуэри къахьынщ,

    Тыгъэшхуэр къалъысынщ.