28 УЭРЭДЫР
Иеговэ ныбжьэгъу хуэхъу
-
1. Ди Алыхь лъапІэ, уэ
Уи ныбжьэгъуфІыр хэт?
Хэт дзыхь зыхуэпщІыр, лъапІэр уи деж,
ЩІэтыр уэ уи шэтыр?
Зи гугъэр быдэращ!
Уи Псалъэм щІэтыращ!
Тетщ ар захуагъэм, пэжыр игу илъщ!
Уи гъуэгум быдэу тетщ!
-
2. Дауэ сэ ныбжьэгъуфІ,
Си Адэ, уэ сыпхуэхъун?
Уи бгым хэт и щхьэр щигъэтІылъын,
Щызыгъуэтын гупсэху?
УзыгъэлъапІэращ!
Уигу хэзыгъахъуэращ!
Уэ къыпхуэпэжу, зигу пцІы имылъ,
Пэжыр зыгъэІуращ.
-
3. Дэ, Иеговэ, уэ
Пэжу дыпхуэпсэунщ.
Уи Псалъэм зэпымыууэ деджэху,
Уэ нэхъ гъунэгъу дыпхуохъу.
Ди ныбжьэгъугъэр дэ
Махуэ къэс хэдгъэхъуэнщ.
ФІылъагъуныгъэ пэжыр уэращ,
Ди ныбжьэгъу лъапІэр уэрщ!
(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 139:1; 1 Пет. 5:6, 7.)