Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

34 УЭРЭДЫР

Къабзагъэм тет

Къабзагъэм тет

(Псалом 26)

  1. 1. СызэхэщІыкІ, Иеговэ лъапІэ, уэ.

    Уэ сыпщыгугъыурэ сэ пэжу сыпсэуащ.

    Гупсысэ къабзэхэр уэ схуэщІ ныбжьэгъу,

    Уэ си гур къабзэ щІы, уи фІыгъуэр сыгъэлъагъу.

    ЕЖЬУ

    Къабзагъэм уэ, Иеговэ, сытегъэт.

    Сэ уэ узгъэлъэпІэнщ, пхуэпэжу сыкъэнэнщ.

  2. 2. ПцІыупсхэм зэи сабгъэдэсакъым сэ,

    Елъэпэуахэр пэжым сщІакъым сэ ныбжьэгъу.

    Я гъусэу Іейхэм сэ сомыгъэкІуэд,

    ЦІыху бзаджэхэм я гъуэгум сыщыхъумэ уэ.

    ЕЖЬУ

    Къабзагъэм уэ, Иеговэ, сытегъэт.

    Сэ уэ узгъэлъэпІэнщ, пхуэпэжу сыкъэнэнщ.

  3. 3. Уи унэр, си Адэ, фІыщэу сэ солъагъу.

    Лэжьыгъэ къызэптам къару сэ есхьэлІэнщ.

    Иеговэ, си гуэныхьхэр къысхуэгъэгъу.

    Уи хабзэм сытетынщ, уэ щытхъур къыпхуэсхьынщ.

    ЕЖЬУ

    Къабзагъэм уэ, Иеговэ, сытегъэт.

    Сэ уэ узгъэлъэпІэнщ, пхуэпэжу сыкъэнэнщ.

(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 25:2.)