Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

38 УЭРЭДЫР

Иеговэ къару къыпхилъхьэнущ

Иеговэ къару къыпхилъхьэнущ

(1 Петр 5:10)

  1. 1. Иеговэ и нэхугъэ дахэм ухишащ,

    Гъунэгъу къыпхуэхъури, пэжыр къыуигъэщІащ.

    Мы дунеижьыр ухьэзыру къэбгъэнащ,

    Иеговэ и пэжыгъэр къыхэпхащ.

    Уи гъащІэр и ІэмыщІэм уэ иплъхьащ,

    Гъуэгу захуэм Ар быдапІэ уэ пхуэхъуащ.

    ЕЖЬУ

    Тхьэм и Къуэм и лъы лъапІэм

    дэ дыкъищэхужащ.

    Къару Тхьэм къытхилъхьэнщ,

    быдапІэ Ар тхуэхъунщ.

    Иеговэ, ди Мэлыхъуэр,

    щабэу дэ къыдбгъэдэтщ.

    Быдагъэ къыдитынщ,

    къаруи къытхилъхьэнщ.

  2. 2. Уэр щхьэкІэ Иеговэ и Къуэр итыфащ,

    И лъагъуныгъэ гуащІэр хэплъэгъуащ.

    Щымысхьу и Къуэ щІасэр уэр щхьэкІэ зытам,

    Къару къыуитынщ, уигу лІыгъэ ирилъхьэнщ.

    ХуэпщІар Иеговэ зэи щымыгъупщэн,

    И нэфІ уэ къыпщыхуэнщ, гупсэху къыуитынщ.

    ЕЖЬУ

    Тхьэм и Къуэм и лъы лъапІэм

    дэ дыкъищэхужащ.

    Къару Тхьэм къытхилъхьэнщ,

    быдапІэ Ар тхуэхъунщ.

    Иеговэ, ди Мэлыхъуэр,

    щабэу дэ къыдбгъэдэтщ.

    Быдагъэ къыдитынщ,

    къаруи къытхилъхьэнщ.

(Абы нэмыщІ феплъ Рим 8:32; 14:8, 9; Евр. 6:10; 1 Пет. 2:9.)