Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

40 УЭРЭДЫР

Хэт уэ узыхуэпсэур?

Хэт уэ узыхуэпсэур?

(Рим 14:8)

  1. 1. Хэт щхьэкІэ ущІэпсэур?

    Алыхьу бгъэлъапІэр хэт?

    Хьэзыру уи гъащІэр уэ зэптар,

    Узыхуэлажьэр уи Алыхьщ.

    ТІум уахуэмылэжьэн,

    Уэ тІум уахуэмыпэжын.

    Уэ уигу лъагъуныгъэ илъмэ, жыпІэнщ:

    «Иеговэщ сэ къыхэсхар».

  2. 2. Хэт уэ узыхуэпсэур?

    Уи гъащІэр зэптынур хэт?

    Иеговэ — Алыхьщ, адрейхэр — нэпцІщ,

    Хэт къыхэпхынми уэ ухуитщ.

    ЗыхуэпщІыр щхьэщэ хэт?

    Уэ уи гур абы ептын?

    Е Адэ Иеговэ ухуэлэжьэн,

    Мураду иІэр блэжьын?

  3. 3. Хэт щхьэкІэ сыщІэпсэур?

    Иеговэщ сызыхуэпсэур.

    СыхуэжыІэдаІуэу сыкъэнэнщ,

    Сэ икІэм нэс сыхуэпэжынщ.

    Сэр щхьэкІэ Къуэр итащ,

    Ар лъапІэу сигу изгъэлъынщ.

    Си гъащІэр, къарур, зэманыр естынщ,

    Абы сэ и цІэр зесхьэнщ!

(Абы нэмыщІ феплъ Иис. Н. 24:15; Пс. 116:14, 18; 2 Тим. 2:19.)