Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

43 УЭРЭДЫР

ТхьэлъэІукІэ Алыхьым фІыщІэ худощІ

ТхьэлъэІукІэ Алыхьым фІыщІэ худощІ

(Псалом 95:2)

  1. 1. ФІыщІэ пхудощІ, Иеговэ, тхьэлъэІукІэ,

    Дигу къыбгъэдэкІыу ди щытхъур къытІых.

    Дзыхь пхуэтщІу адэкІи дыпхуэпэжынущ,

    Дэ зыхыдощІэ: уи нэІэр къыттетщ.

    Уэ мызэ-мытІэу уи жагъуэ дэ дощІыр,

    Къытхуэбгъэгъуну дэ уэ дынолъэІу.

    ФІыщІэ пхудощІыр дыкъэпщэхужащи,

    ИкІэм нэс дэ дызыцІыхур уэращ.

  2. 2. Уэ уи щабагъэмкІэ дызэпшэлІауэ,

    Ди лъэр гъуэгу пэжым тетыну уоунэтІ.

    Дэ дынолъэІу уэ ныбжьэгъу дыпхуэхъуну,

    Пэжу дэ дыпхуэлэжьэну дыхуейщ.

    ФІыщІэ пхудощІ уи къарум щхьэкІэ, Адэ,

    ДыкъимыкІуэту догъэІу хъыбарыфІ.

    Уэ фІыгъуэ куэд цІыху Іэдэбхэм хубощІэр

    ИгъащІэ псокІэ ар фІыщІэ дэ тщІынщ.

(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 65:2, 4, 11; Флп. 4:6.)