44 УЭРЭДЫР
Зи гур къутам и тхьэлъэІур
-
1. Иеговэ, си Адэ, сынолъэІу
ТхьэлъэІур уэ зэхэх.
Сэ гузэвэгъуэ куэд сошэч,
Си гугъэхэр мэкІуэд.
Гупсысэ Іейхэм сащІ нэщхъей,
Гуэныхьыр схуэмыхьыж.
УІэгъэу си гум телъу хъуар
Иеговэ, уэ гъэхъуж.
ЕЖЬУ
СыкъэІэтыж, къару къызэт.
ГугъапІэу сиІэр уэ зыращ.
Гурыщхъуэ сщІыхэр зэбгырыху,
ЩІэрыщІэу псэ уэ къысхэлъхьэж.
-
2. ЩІэхуамэ си лъэр, гупсэхугъуэ
Уэ сэ къызыбот.
ЖысІэныр щызмыщІэжым деж,
Си узыр уэ болъагъу.
Уи Псалъэм сэ чэнджэщ къызет,
ГуфІэгъуэ щызогъуэт.
Уэ си гум нэхърэ унэхъ инщ,
ЗыхуэсщІыр дзыхь уэращ.
ЕЖЬУ
СыкъэІэтыж, къару къызэт.
ГугъапІэу сиІэр уэ зыращ.
Гурыщхъуэ сщІыхэр зэбгырыху,
ЩІэрыщІэу псэ уэ къысхэлъхьэж.
(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 42:6; 119:28; Рим 8:26; 2 Кор. 4:16; 1 Ин. 3:20.)