Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

45 УЭРЭДЫР

Си гум илъ гупсысэхэр

Си гум илъ гупсысэхэр

(Псалом 19:14)

  1. 1. Гупсысэу си гум илъхэмкІэ

    Уи гуапэ сщІыну сэ сыхуейщ.

    Иеговэ, си гухэлъхэмкІэ

    УзгъэгуфІэну си мурадщ.

    Гугъуехьхэм сыщатхьэлэм деж,

    Сагъэнэщхъей, самыгъэжей.

    Гупсысэ къабзэу уэ схуэптхам

    Сэ мамырыгъэ къызитынщ.

  2. 2. Сыт пэжми, сыт захуагъэми

    Сыт гуапэми, сыт фІыгъуэми,

    Сыт щыгъуи зыхуэфащэм щІыхь

    Сегупсысынщ, сигъэгушхуэнщ.

    Уи Псалъэр тыгъэу щытщ си деж,

    Налкъутым хуэдэу лъапІэщ ар.

    СызыІэпишэу щІэзджыкІынщ,

    Абы си гъащІэр тезгъэтынщ.