51 УЭРЭДЫР
Иеговэ псалъэ еттащ!
-
1. Иеговэ и фІыщІэкІэ дэ Хьисэ къэтщІащ,
И гъуэгу дытетыну къыхэтхащ.
Ди Адэм нэху дигъэлъэгъуащ —
Пэжыр къытхузэІуихащ.
ФІэщхъуныгъэр быдэ тщІащ,
Алыхьым нэхъыфІыр еттащ.
ЕЖЬУ
Ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ итлъхьащ,
ГуфІэгъуэр дигу илъу Тхьэм дыхуопсэу!
-
2. Иеговэ дыхуэлэжьэну псалъэ еттащ,
Абы дыхуэпэжу дыкъэнэнщ.
ГуфІэгъуэшхуэ ди гум илъщ!
И мурадыр дгъэзэщІэнщ,
И цІэ лъапІэр дгъэлъэпІэнщ,
ЦІыху псоми и пэжыр жетІэнщ.
ЕЖЬУ
Ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ итлъхьащ,
ГуфІэгъуэр дигу илъу Тхьэм дыхуопсэу!