Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

52 УЭРЭДЫР

Иеговэ дыхуэлэжьэну псалъэ еттащ

Иеговэ дыхуэлэжьэну псалъэ еттащ

(Еврейхэм 10:7, 9)

  1. 1. Иеговэ мы дуней дахэр

    Ин дыдэу къигъэщІащ.

    Уафэгуми, щІылъэ дахэми

    ЩІэдзапІэ иритащ.

    ФІылъагъуныгъэм къыхэкІыу

    Дэ гъащІэ къыдитащ.

    Іущагъ хэлъу псори иухуащ,

    Щытхъу псор зыхуэфащэр Арщ.

  2. 2. Псым Хьисэ зыщІигъэуауэ,

    И Адэм жриІащ:

    «Уи хабзэр згъэзэщІэнущ сэ,

    Сыхуейщ сыпхуэлэжьэн».

    Псым Хьисэ къыхэкІыжауэ,

    Къару Тхьэм къритащ.

    И гъащІэм щымысхьу ар лэжьащ,

    И Адэм ар хуэпэжащ.

  3. 3. Иеговэ, нобэ уи пащхьэм

    Дыгушхуэу дэ дыщытщ.

    Уи Іуэхур япэ идгъэщынщ,

    Ди гъащІэр уэ удот.

    УасэшхуэкІэ, Иеговэ,

    Дэ дыкъэпщэхужащ.

    Дыхуейщ ди гум къикІыу дэ бжетІэн:

    «Уэр щхьэкІэщ дэ дыщІэпсэур!»

(Абы нэмыщІ феплъ Мт. 16:24; Мк. 8:34; Лк. 9:23.)