64 УЭРЭДЫР
ДыгуфІэу гъавэр Іудохыж
-
1. Къэсащ гъавэм и Іухыжыгъуэр,
Дахащэу гуэдз хьэсэр къэкІащ.
Зэгъусэу дэ ар Іудохыжыр,
Абы гурыфІыгъуэ къыдет.
Дэ Хьисэ и щапхъэм дытетщи,
Къару, гузэгъэгъуэ догъуэт.
Дэ махуэ къэс пщІэшхуэу долъытэ ар,
Абы ди гум фІэфІу дыхэтщ!
-
2. Иеговэ дэ фІыуэ долъагъур,
Къару и лэжьыгъэм хэтлъхьэнщ.
Къоблагъэ дунейм и кІэухыр,
Дэ цІыхухэм хъыбар едгъэщІэнщ.
Тхьэм тыгъэу гуфІэгъуэр къыдетыр,
Ди гъащІэм и купщІэр къэтщІащ.
Лэжьыгъэр дэ икІэм нэс нэдгъэсынщ,
Абы псори дригуфІэнщ!
(Абы нэмыщІ феплъ Мт. 24:13; 1 Кор. 3:9; 2 Тим. 4:2.)