Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

70 УЭРЭДЫР

Алыхьым хуэфащэхэр къэфлъыхъуэ

Алыхьым хуэфащэхэр къэфлъыхъуэ

(Маттэ 10:11—15)

  1. 1. Дэ Хьисэ хъыбар зэрытхьынур жиІащ,

    Чэнджэщ къыдитахэр мыращ:

    «Фэ къывэдэІуэну хьэзырхэр къэвгъуэт,

    Тхьэм и пэж къэзылъыхъуэ цІыху псор.

    Фэ гуапэу, фыгуфІэу фІэхъус псоми ефх.

    Гузэгъэгъуэ Тхьэм ягу ирилъхьэнщ.

    Фыхуэзэмэ къывэдэІуэну хуэмейм,

    Лъэгум сабэр кІэрывгъэлъэлъыж».

  2. 2. Фезыгъэблагъахэм я фІэщ Хьисэ хъуащ.

    Гу къабзэхэр Тхьэм зэІуихащ.

    Жэнэтым хуэзышэ гъуэгу захуэм техьам,

    Дэ ди гъусэу Тхьэм щытхъу къыхуихьынщ.

    ЖыфІэныр фымыщІэу Іэнкун фэ фымыхъу,

    Иеговэ къывигъэщІэжынщ.

    Гуапагъэ дэ тхэлъу пэжыгъэр дгъэІунщ.

    Псалъэ жытІэхэр ягу лъэІэсынщ.

(Абы нэмыщІ феплъ Апост. 13:48; 16:14; Кол. 4:6.)