77 УЭРЭДЫР
КІыфІыгъэм къыхэщ нэхур
-
1. КІыфІым хэт нобэрей дунейм
Тхьэм и нэху щытлъэгъуащ.
Ар мэлынд, пщэдджыжь пшэплъым ещхьщ.
Нэху зэрыщыр долъагъу.
ЕЖЬУ
КІыфІым къыхэлынду,
Ди хъыбарыфІыр мэцІу,
Пшэплъ дахэу къызэпхедз.
Нэху куэд мыщІэу щынущ,
Махуэ дахащэр къэсынщ,
Ди жэщыр кІуэнщ.
-
2. Жейхэр хуейщ дэ къэдгъэушын,
Зэман мащІэщ къэнар.
Дахуэхъунщ цІыхухэм щІэгъэкъуэн,
Тхьэми дахуелъэІунщ!
ЕЖЬУ
КІыфІым къыхэлынду,
Ди хъыбарыфІыр мэцІу,
Пшэплъ дахэу къызэпхедз.
Нэху куэд мыщІэу щынущ,
Махуэ дахащэр къэсынщ,
Ди жэщыр кІуэнщ.
(Абы нэмыщІ феплъ Ин. 3:19; 8:12; Рим 13:11, 12; 1 Пет. 2:9.)