Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

78 УЭРЭДЫР

Алыхьым и Псалъэр цІыхухэм ядогъащІэ

Алыхьым и Псалъэр цІыхухэм ядогъащІэ

(Апостолхэм 18:11)

  1. 1. Іэдэбхэр дэ щедгъаджэм деж,

    ГуфІэгъуэ куэд догъуэт.

    Ди гъащІэм ар нэхъапэу щытщ,

    Зэкъуэту дылэжьэнщ.

    Куэд иригъаджэу Хьисэ псэут —

    ЩапхъэфІ дэ ар тхуэхъуащ.

    Дэ лъагъуныгъэ тхэлъу цІыхухэр

    Тхьэм пэгъунэгъу хуэтщІынщ.

  2. 2. Алыхьыр тщІащ дэ чэнджэщэгъу —

    Ди Іуэхухэм ар къыхощ.

    Гъуэгу пэжым ди лъэр быдэу тетщ,

    Нэхугъэр дэни дохь.

    Дэ куууэ Тхыгъэ ЛъапІэр додж —

    Вагъуэбэу хэзщ налкъут.

    Нэхъ къулеиж кІуэтэхукІэ дохъур

    ЩыдгъэІукІэ хъыбарыфІ.

  3. 3. Іэдэбхэр едгъэджэну дэ

    Тхьэм дызыхуейр къыдет.

    Ди лъэІухэми жэуап кърет,

    Сыт щыгъуи къыдбгъэдэтщ.

    И Псалъэ ЛъапІэмкІэ допсэу,

    Ит хабзэхэр дэ тфІэфІщ!

    Іэдэбхэм щабэу яжыдоІэ:

    «Къыпыфщэ Тхьэм и Іуэху».

(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 119:97; 2 Тим. 4:2; Тит 2:7; 1 Ин. 5:14.)