Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

81 УЭРЭДЫР

Пионерым и гъащІэр

Пионерым и гъащІэр

(Экклезиаст 11:6)

  1. 1. Дыгъэ бзийр къыкъуэкІащ, ди махуэщІэм щІидзащ.

    Ди нэр къызэтетхащ,

    Иеговэ, дэ зыпхуэдгъэзэнщ.

    ГурыфІыгъуэ дигу илъщ, хъыбарыфІыр дгъэІунщ.

    Хэти къыдэдэІуэнщ,

    Хэти къыфІэмыІуэхуу блэкІынщ.

    ЕЖЬУ

    Дэ ди гъащІэр уэттащ,

    Иеговэ Алыхь.

    Уи мурадыр дэ тфІэфІу длэжьынщ.

    Уэшхыр, дыгъэр зэран

    ЗэикІ дэ тхуэмыхъун.

    Гурэ псэкІэ дэ тлъагъур, Иеговэ, уэращ.

  2. 2. Махуэр и кІэм нэсащ, мащІэу дэ дезэшащ.

    Гузэгъэгъуэ дгъуэтащ.

    Иеговэ, уэ фІыщІэ пхудощІ.

    ГъащІэм нур тебгъэпсащ, нэхъыфІ дыдэр уэттынщ.

    Уэ уи нэІэ къыттетщ,

    Иеговэ, щІыхьышхуэ пхудощІ!

    ЕЖЬУ

    Дэ ди гъащІэр уэттащ,

    Иеговэ Алыхь.

    Уи мурадыр дэ тфІэфІу длэжьынщ.

    Уэшхыр, дыгъэр зэран

    ЗэикІ дэ тхуэмыхъун.

    Гурэ псэкІэ дэ тлъагъур, Иеговэ, уэращ.

(Абы нэмыщІ феплъ Иис. Н. 24:15; Пс. 92:2; Рим 14:8.)