Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

87 УЭРЭДЫР

КъакІуи гупсэхугъуэ зэгъэгъуэт!

КъакІуи гупсэхугъуэ зэгъэгъуэт!

(Еврейхэм 10:24, 25)

  1. 1. Дунейр щхьэхуещагъэрэ ІейкІэ гъэнщІащ,

    Алыхьыр абы имыцІыху.

    Ди гъащІэм гуэныхьыр, щыуагъэр щыкуэдщ

    Дыхуейщ Адэм дэ и Іущагъ.

    Зэхуэсхэм гупсэху, гушхуэныгъэ къыдат,

    Гъунэгъу Иеговэ дыхуащІ,

    ІуэхуфІхэр длэжьыну дэ дыхуагъэуш,

    Абыхэм къару щыдогъуэт.

    Иеговэ и гъуэгум дэ дытемыкІын

    Хуэпэжу Абы дыкъэнэнщ.

    ЗэІущІэм ди фІылъагъуныгъэр къеІэт,

    Гъунэгъу Иеговэ дыхуещІ.

  2. 2. Дэ дызыхуэныкъуэр Иеговэ елъагъу,

    Абы чэнджэщыфІ къыдитынщ.

    ЗэІущІэм зэман уэ сыт щыгъуи хухэх,

    Иеговэ и Псалъэм дзыхь хуэщІ.

    Къуэш, шыпхъухэр къыддэІэпыкъуну хьэзырщ,

    Ущие дэ игъуэу къыдат.

    Апхуэдэ унагъуэм и фІыгъэкІэ дэ

    Дызэримызакъуэр дощІэж.

    Зэхуэсхэм дэ къытхуэмыгъэсу дежьэнщ,

    Ди зэкъуэтыныгъэр хэхъуэнщ,

    ИгъащІэкІи лъапІэу ди дежкІэ щытынщ,

    Іущагъ къыдбгъэдалъхьэр тхъумэнщ.