Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

88 УЭРЭДЫР

Уи гъуэгухэр къысхузэІух

Уи гъуэгухэр къысхузэІух

(Псалом 25:4)

  1. 1. Иеговэ, уи пащхьэм дыщызэхуэсащ,

    Дыкъебгъэблэгъащ гуапэу псори.

    Уи Псалъэр пшэплъ нурщ — ди гъуэгу егъэнэхур

    Ущие, Іущагъ къыдбгъэделъхьэ.

    ЕЖЬУ

    Гъуэгу схузэІух, къысхэлъхьэ зэхэщІыкІ,

    Уи макъ зэхэсхым си гур щІэгъэдэІу.

    ГъащІэр къозыт гъуэгу захуэм сытегъэт,

    ГуфІэгъуэ уэ уи хабзэхэм хэзгъэх.

  2. 2. Іущагъ къыббгъэдэкІыр ин дыдэщ, Алыхь,

    ГугъапІэ къыдет уи захуагъэм.

    Уи Псалъэр — саугъэтщ, дзыхь хуэтщІу ар доджыр,

    Абы махуэ къэс дыдехьэхыр.

    ЕЖЬУ

    Гъуэгу схузэІух, къысхэлъхьэ зэхэщІыкІ,

    Уи макъ зэхэсхым си гур щІэгъэдэІу.

    ГъащІэр къозыт гъуэгу захуэм сытегъэт,

    ГуфІэгъуэ уэ уи хабзэхэм хэзгъэх.

(Абы нэмыщІ феплъ Исх. 33:13; Пс. 1:2; 119:27, 35, 73, 105.)