Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

94 УЭРЭДЫР

Алыхьым и Псалъэм щхьэкІэ фІыщІэ худощІ

Алыхьым и Псалъэм щхьэкІэ фІыщІэ худощІ

(Филиппи 2:16)

  1. 1. Иеговэ, уэ фІыщІэ пхуэтщІыну дыхуейщ,

    Уи Псалъэм ит псор гурыІуэгъуэ тщыпщІащ.

    ЦІыху куэдым ар ятхами, уэрщ къызыбгъэдэкІар.

    ЩІэныгъэ къыдитым ди гъащІэр фІы ещІ.

  2. 2. Псы къабзэм ещхь Псалъэм зыщыдолъэгъуж,

    Гупсысэ тхъуэжын хуейхэр къытхущІегъэщ.

    Абы ит хабзэ Іущхэм унафэ пэж дагъэщІ.

    Насып къызыпэкІуэ гъуэгу пэж дегъэлъагъу.

  3. 3. УкъыдодэхащІэ уи ПсалъэмкІэ дэ.

    Абы дегупсысмэ, уи макъ зэхыдох.

    Уи Псалъэр зыхэтлъхьэну уэ тхуэхъу дэ щІэгъэкъуэн.

    Иеговэ, пхуэфащэу фІыщІэшхуэ пхудощІ.