Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

95 УЭРЭДЫР

Пэжыгъэр нэхъ нэху мэхъу

Пэжыгъэр нэхъ нэху мэхъу

(Притчи 4:18)

  1. 1. Тхьэм и бегъымбархэм къащІэну хуеящ

    Мэссихь теухуауэ хъыбарыр.

    Тхьэм и къару лъапІэм къахузэІуихащ

    Ар къакІуэу дыкъригъэлыну.

    Зэманыр къэсащ, уафэм Хьисэ Пащтыхьщ,

    Тхьэм псори дэ тхузэІуихащ.

    Дэ нобэ ди деж а хъыбарыр къэсащ,

    МелыІычхэм къащІэну хуеяр.

    ЕЖЬУ

    ТхуещІ наІуэ Иеговэ и пэжыр,

    Ди гъуэгур апхуэдэу нэху ещІ.

    Алыхьым и пэжым дытетмэ,

    Ди гъащІэм и нэІэр тетынщ.

  2. 2. Дэ унэІут пэжым шхын игъуэу къыдет,

    Ар куэдкІэ дэ къыддоІэпыкъур.

    НэхъыфІу дэ ар къыдгуроІуэ иджы,

    Ар ди гум, акъылым лъоІэсыр.

    Пщэдджыжь пшэплъым хуэдэу Тхьэм гъуэгур нэху ещІ,

    Абы нобэ быдэу дытетщ.

    Алыхьым и Псалъэм Іущагъ щыдгъуэтащ,

    ГуфІэгъуэшхуэ абы дэ хыдох.

    ЕЖЬУ

    ТхуещІ наІуэ Иеговэ и пэжыр,

    Ди гъуэгур апхуэдэу нэху ещІ.

    Алыхьым и пэжым дытетмэ,

    Ди гъащІэм и нэІэр тетынщ.

(Абы нэмыщІ феплъ Рим 8:22; 1 Кор. 2:10; 1 Пет. 1:12.)