96 УЭРЭДЫР
Алыхьым и Псалъэм хъугъуэфІыгъуэ куэд итщ
-
1. Тхылъ дахэ къыдитащ дэ Иеговэ,
ГуфІэгъуэр, нэхур, гугъэр абы хэлъщ.
Абы ди гъащІэр фІыкІэ зэрехъуэкІыр,
Чэнджэщ, ущие, хабзэхэр щыкуэдщ.
А тхылъыр Тхыгъэ ЛъапІэу дэ долъытэ,
Тхьэм и къарумкІэ цІыхухэм ар ятхащ.
Пэжыгъэм тету, Іэдэбагъ яхэлъу,
Ди Адэм и гупсысэхэр ятхащ.
-
2. Ди щІылъэр, уафэр иухуащ Иеговэ,
Дагъуэншэу япэ цІыхур къигъэщІащ.
Зэрыпсэуари хуиту Жэнэт дахэм
И бегъымбархэм яригъэтхыжащ.
Зы мелыІычыр хъуащ иужькІэ бзаджэ,
Алыхь Иеговэ ар пэщІэуващ.
Абы лІэныгъэр, гуауэр къытхуихьащ дэ,
Ауэ гъуэгу пэжыр Тхьэм тхузэІуихащ.
-
3. Пащтыхьу Хьисэ уафэм зэрытетым
Хегъахъуэ ди гур, дыщогугъ абы.
Дэ гъащІэ дахэм, фІыгъуэхэм дыпэплъэу,
Лъэпкъ псоми хъыбарыфІыр яхудохь.
А хъыбарыфІыр цІыхухэм ягу лъоІэсыр,
Псынэпсым хуэдэщ ар зигу къабзэм деж.
Дэ дощІэ, Тхыгъэ ЛъапІэр — налкъут дахэщ,
Іущагъыр, гупсэхугъуэр дэ къыдет.
(Абы нэмыщІ феплъ 2 Тим. 3:16; 2 Пет. 1:21.)