Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

97 УЭРЭДЫР

Алыхьым къыбгъэдэкІ псалъэкІэ допсэу

Алыхьым къыбгъэдэкІ псалъэкІэ допсэу

(Маттэ 4:4)

  1. 1. Иеговэ и псалъэкІэ

    КъигъэщІащ мы дунейр.

    ЩІакхъуэ зыкІэ дыпсэукъым дэ,

    Тхьэм и Псалъэр дигу илъщ.

    ГурыфІыгъуэр къыдетыр Тхьэм,

    ГъащІэ кІыхь къытпэщылъщ.

    ЕЖЬУ

    ЩІакхъуэ зыкІэ дыпсэукъым дэ,

    Тхьэм и Псалъэр дигу илъщ.

    Дигу ехъумэ, Іущагъ къыдет.

    Гузэгъэгъуэ догъуэт.

  2. 2. Пэжу Тхьэм хуэлэжьахэм дэ

    Теухуауэ деджащ.

    Быдэу ягу фІэщхъуныгъэр илът,

    ЛІыхъужьагъэр яхэлът.

    Щапхъэ тетхмэ а цІыхухэм дэ,

    Сытми дыпэлъэщынщ.

    ЕЖЬУ

    ЩІакхъуэ зыкІэ дыпсэукъым дэ,

    Тхьэм и Псалъэр дигу илъщ.

    Дигу ехъумэ, Іущагъ къыдет.

    Гузэгъэгъуэ догъуэт.

  3. 3. Тхыгъэ ЛъапІэм гупсэху къыдет,

    Ди гугъуехьхэр тщхьэщех.

    Ит чэнджэщхэри дигу лъоІэс,

    Къыхыдохыр дерс куэд.

    ЛъапІэу Тхыгъэр долъытэ дэ,

    Ди Адэм тыгъэ тхуищІар.

    ЕЖЬУ

    ЩІакхъуэ зыкІэ дыпсэукъым дэ,

    Тхьэм и Псалъэр дигу илъщ.

    Дигу ехъумэ, Іущагъ къыдет.

    Гузэгъэгъуэ догъуэт.

(Абы нэмыщІ феплъ Иис. Н. 1:8; Рим 15:4.)