Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

99 УЭРЭДЫР

Къуэшхэр куэдыкІейщ

Къуэшхэр куэдыкІейщ

(Апокалипсис 7:9, 10)

  1. 1. Ди къуэшхэр мэхъур куэд дыдэ,

    Псоми я пащхьэм итщ.

    Тхьэм и лэжьакІуэр къабзэщ

    Сыт и лъэныкъуэкІи.

    Къуэшхэм я бжыгъэр хохъуэ —

    Ди дежкІэ нэрылъагъущ.

    Лъэпкъ псоми ахэр къыхэкІыфащ.

    Тхьэм щІыхьыр, фІыщІэр хуащІ.

  2. 2. Ди къуэшхэр мэхъур куэд дыдэ,

    Хуахь цІыхухэм хъыбарыфІ.

    ГъащІэ нэхъыфІ щыІэну,

    Ди щІылъэ псом щагъэІу.

    Быдэу ди «вакъэр» тщыгъмэ,

    Дешми, дыкъимыкІуэт.

    Хьисэ гупсэхур дэ дегъэгъуэт,

    Ди гуми гуфІэгъуэр изщ.

  3. 3. Ди къуэшхэр мэхъур куэд дыдэ,

    Тхьэм и къарур я куэдщ.

    Ахэр псэемыблэжу

    И лэжьыгъэшхуэм хэтщ.

    Куэд дыдэу диІэ къуэшхэр,

    ЛъапІэу Иеговэ ебж.

    Дэ и лэжьыгъэу дгъэзащІэр пщІэщ.

    ГъащІэр Абы еттынщ.

(Абы нэмыщІ феплъ Ис. 52:7; Мт. 11:29; Апок. 7:15.)