Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

100 УЭРЭДЫР

ХьэщІагъэ зыхэгъэлъ

ХьэщІагъэ зыхэгъэлъ

(Апостолхэм 17:7)

  1. 1. Иеговэу ди Тхьэ лъапІэм гуапагъэ хэлъщ.

    И нэІэр ттрегъэт, зэхэгъэж имыщІ.

    Дэ псоми шхын къыдет, уэсэпсыр кърегъэх,

    Ди гъащІэр насыпыфІэ ищІащ.

    Дэ цІыхухэр къедгъэблагъэу дгъэхьэщІэмэ,

    Апхуэдэу щапхъэ тетхмэ ди Адэм дэ,

    И нэфІ дэ къытщыхуэнщ, и фІыгъуэ куэд тлъэгъунщ.

    ІуэхуфІхэмкІэ дэ игу дгъэгуфІэнщ.

  2. 2. ХьэщІагъэ тхэлъмэ, фІы къыпэкІуэнщ абы.

    И гуапэ хъунущ цІыхум, щымыгъупщэн.

    Дэ дигухэр зэІутхынщ, ди хьэщІэр дгъэлъэпІэнщ,

    Абы дэ тхузэфІэкІыр хуэтщІэнщ.

    Гуапагъэ хэлъу хьэщІэхэм яжетІэнщ:

    «Си унэм фынеблагъэ, фызгъэхьэщІэнщ!»

    ГущІэгъур ди Адэм хэлъщ, Ар щапхъэ дэ тхуэхъуащ.

    Хуэныкъуэхэм гущІэгъу яхуэтщІынщ.