104 УЭРЭДЫР
Къару лъапІэр — Алыхьым къыбгъэдэкІ тыгъэщ
-
1. Уэ гущІэгъушхуэ пхэлъщ, Иеговэ,
Уэрщ псори зыщІэр, инщ уи къарур.
Узыр гъэтІыс, ди хьэлъэр уэ къащтэ,
Уи къару лъапІэмкІэ ди псэр гъэтынш.
-
2. ЩІыхь уэ къытхуэпщІыр дэ къэдлэжьакъым,
Дэ гуэныхь тхэлъыр зэран къытхуохъу.
Уэ дынолъэІу, Иеговэ, ди Адэ,
Уи къару лъапІэмкІэ гъащІэр унэтІ.
-
3. Дэ къарууншэ дащІмэ гугъуехьхэм,
Уэ уи къарум ди лъэр быдэ ещІ.
Уэгум щыхуарзэ бгъэм хуэдэ дыхъуу,
Дэ гупсэхугъуэ, къару къыдыбот.
(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 51:11; Ин. 14:26; Апост. 9:31.)