109 УЭРЭДЫР
«Гу къабзагъэкІэ фІыуэ фызэрылъагъу»
-
1. Лъагъуныгъэ гуащІэр дигу илъщ,
Дэ Иеговэ дгъэгуфІэнщ.
И хьэл-щэн дахэр дигу дыхьащ,
ЛъапІэу долъытэ ар.
Лъагъуныгъэ къабзэр дэ тхэлъщ,
Ди ныбжьэгъугъэр дгъэбыдэнщ.
Гуауэм пэщІэхуэмэ ди къуэш,
Тхьэшхуэм дыхуелъэІунщ.
Къуэшхэр фІыуэ тлъагъумэ дэ,
Дзыхь хуэтщІынщ икІи яфІ къэтлъыхъуэнщ.
Я щыуагъэхэр дгъэгъунщ,
Хьисэ щапхъэ дэ тетхынщ.
Тхьэм и лъагъуныгъэр тлъэгъуащ,
Дигу мамырыгъэ ирилъхьащ.
Щабэу дэ дызэхущытынщ,
Дызэкъуэту дыпсэунщ,
ФІыуэ дызэрылъагъунщ!
(Абы нэмыщІ феплъ 1 Пет. 2:17; 3:8; 4:8; 1 Ин. 3:11.)