Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

110 УЭРЭДЫР

Иеговэ къыбгъэдэкІ гуфІэгъуэр

Иеговэ къыбгъэдэкІ гуфІэгъуэр

(Неемия 8:10)

  1. 1. Къос Пащтыхьыгъуэр, дэркІэ нэрылъагъущ ар,

    Псоми дгъэІунщ дэ хъыбарыфІ.

    Ди щхьэр тІэтынщ, гуфІэгъуэ ди гум илъу.

    Тхьэм и махуэшхуэр къэсыпащ!

    ЕЖЬУ

    Иеговэ гуфІэгъуэ къыбгъэдэкІым

    Ди гъащІэр насыпыфІэ ещІ.

    Иеговэ сыт щыгъуи и Іэр быдэу тІыгъщ,

    Дэ уэрэдкІэ фІыщІэ Тхьэм худощІ.

    Иеговэ гуфІэгъуэ къыбгъэдэкІым

    Кърелъхьэ ди гум гукъыдэж.

    Сыт щыгъуи Иеговэ щытхъур къыхуэтхьынщ,

    Мы дунейм и пэжыр щыдгъэІунщ.

  2. 2. Тхьэм фыщыгугъ, зытевмыгъакІуэ шынэр,

    Зыми хуэмыдэу лъэщыр арщ.

    И Псалъэ лъапІэм ди гур дэ хегъахъуэ,

    ЦІыхухэм хуэтхьынщ дэ хъыбарыфІ.

    ЕЖЬУ

    Иеговэ гуфІэгъуэ къыбгъэдэкІым

    Ди гъащІэр насыпыфІэ ещІ.

    Иеговэ сыт щыгъуи и Іэр быдэу тІыгъщ,

    Дэ уэрэдкІэ фІыщІэ Тхьэм худощІ.

    Иеговэ гуфІэгъуэ къыбгъэдэкІым

    Кърелъхьэ ди гум гукъыдэж.

    Сыт щыгъуи Иеговэ щытхъур къыхуэтхьынщ,

    Мы дунейм и пэжыр щыдгъэІунщ.

(Абы нэмыщІ феплъ 1 Лет. 16:27; Пс. 112:4; Лк. 21:28; Ин. 8:32.)