Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

111 УЭРЭДЫР

ГурыфІыгъуэ къыдэзытыр

ГурыфІыгъуэ къыдэзытыр

(Маттэ 5:12)

  1. 1. Ди куэдщ щхьэусыгъуэ дэ нобэ

    ГуфІэгъуэр тхуэхъуну ныбжьэгъу.

    Лъэпкъ псоми ящыщу «налкъутхэр»

    КъокІуалІэ Иеговэ и деж.

    ГуфІэгъуэр Иеговэ къыдетыр,

    И Псалъэм ар къыщыдгъуэтащ.

    Нэхъ куууэ ар махуэ къэс дджымэ,

    Дыхуохъур Иеговэ гъунэгъу.

    ГуфІэгъуэр дэ зэикІ тфІэкІуэдкъым

    Ар дигу фІамыщІ мафІэу идгъэлъщ.

    Гугъуехьхэр куэд хъуми дехуэхкъым,

    Иеговэ хэкІыпІэ къыдет.

    ЕЖЬУ

    Иеговэ гуфІэгъуэр къыдет,

    И Іуэхухэм лъэщагъыр къыхощ.

    Гупсысэхэр куущ, гуапагъэри хэлъщ,

    Іущагъым имыІэ кІэух.

  2. 2. Иеговэ дунейр къигъэщІащи,

    Абы дыдихьэхыу дэ доплъ.

    Алыхьым и Псалъэм дыхоплъэ

    И лъэкІыныгъэшхуэр долъагъу.

    Тхьэм и Пащтыхьыгъуэр къэсащи,

    Дэ псоми хъыбар едгъэщІэнщ.

    Иеговэ дэ куэд къытхуищІэнущ,

    Абы дэ фІыщІэшхуэ худощІ.

    ГуфІэгъуэр сыт щыгъуи диІэнущ,

    Ди жэщыр еух, махуэр къос.

    УафэщІэр Иеговэ иухуэнущ,

    ПшахъуэщІыр жыг хадэ хъужынщ.

    ЕЖЬУ

    Иеговэ гуфІэгъуэр къыдет,

    И Іуэхухэм лъэщагъыр къыхощ.

    Гупсысэхэр куущ, гуапагъэри хэлъщ,

    Іущагъым имыІэ кІэух.

(Абы нэмыщІ феплъ Втор. 16:15; Ис. 12:6; Ин. 15:11.)