Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

117 УЭРЭДЫР

ІуэхуфІхэр тщІэнщ

ІуэхуфІхэр тщІэнщ

(2 Летопись 6:41)

  1. 1. Иеговэ, махуэ къэс уэ

    КъытхубощІэ фІыгъуэ куэд.

    Угущабэщ, пхэлъщ захуагъэр,

    Уэ улъапІэщ, Алыхь пэж.

    Ди гуэныхьхэм дыщІегъуэжмэ,

    Тхуэбгъэгъуну ухьэзырщ.

    Уэ пхуэфащэщ пщІэ пхуэтщІыну

    Дыпхуэпэжу дыпсэунщ!

  2. 2. Иеговэ, уи хьэл-щэнхэр

    Тхэлъу уэ дыкъэбгъэщІащ.

    ХъыбарыфІыр дэ щыдгъэІукІэ

    Ди ІуэхуфІхэр наІуэ хъунщ.

    ФІыуэ, Адэ, дыбогъасэ —

    Дэ нэхъыжьхэр къытщхьэщытщ.

    Уэ къыдэт уи къару лъапІэр,

    Щапхъэ птетхыу, тщІэнщ ІуэхуфІ.

  3. 3. Къуэшхэм, шыпхъухэм, ди Іыхьлыхэм

    Дэ гулъытэ яхуэтщІынщ.

    Дэ ІуэхуфІкІэ дабгъэдэту,

    ЩІэгъэкъуэни дахуэхъунщ.

    Ди унагъуэми, зэхуэсми

    Лъагъуныгъэр дгъэлъэгъуэнщ.

    Сытым щыгъуи ІуэхугъуэфІхэр

    Тщымыгъупщэу дэ длэжьынщ.

(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 103:10; Мк. 10:18; Гал. 5:22; Еф. 5:9.)