120 УЭРЭДЫР
Хьисэ и Іэдэбагъым щапхъэ тефх
-
1. Мы щІылъэм дагъуэншэу тетар Хьисэ зыщ,
Ар пагэу щымыту, щэныфІэу щытащ.
И Адэм Пащтыхьу ар тригъэуващ,
Абы а увыпІэр Іэдэбу иІыгъщ.
-
2. ТхьэмыщкІэм, зеиншэм ар ядэІэпыкъут.
Абы и бжьыр тыншт, хэти ар ихьыфынт.
ГущІэгъу хэлъу, щабэу цІыху псоми хущытт.
И гъуэгу дыщрикІуэм къару дэ къыдет.
-
3. Дунейм тет къуэш, шыпхъухэр унагъуэ тхуэхъуащ.
ЩапхъэфІ Хьисэ тетхыу, Іэдэбу дыщытщ.
«Іэдэбхэр цІыху лъапІэщ»,— Иеговэ жиІащ.
ЩІэину абыхэм жэнэт къалъысынщ.
(Абы нэмыщІ феплъ Прит. 3:34; Мт. 5:5; 23:8; Рим 12:16.)