Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

121 УЭРЭДЫР

ЗышыІэныгъэ тхэлъын хуейщ

ЗышыІэныгъэ тхэлъын хуейщ

(Рим 7:14—25)

  1. 1. Дэ гурэ псэкІэ Тхьэр фІыщэу долъагъу.

    Гуэныхь тхэлъщи, хуейщ сытым деж дысакъын.

    Хъуапсагъэ Іейхэм хуейщ дебэнын,

    Гупсысэ къабзэм гупсэху тхилъхьэнщ.

  2. 2. ДыкъигъэпцІэну ШейтІаныр хущІокъу,

    Гуэныхьым и хабзэм унафэ дэ тхуещІ.

    Ауэ Тхьэм и къарур ди гъусэнщ,

    Дыщызыгъауэм дытекІуэфынщ.

  3. 3. Дэ, Иеговэ, уэ щытхъу къыпхуэтхьынщ.

    Уэ пфІэфІ хьэл-щэныфІхэр тхэлъыну дыхуейщ.

    ДиІэ мурадым дытетыжынщ,

    ЗышыІэныгъэр зыхэдгъэлъынщ.

(Абы нэмыщІ феплъ 1 Кор. 9:25; Гал. 5:23; 2 Пет. 1:6.)