Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

125 УЭРЭДЫР

«Гъуэгу махуэ теуващ гущІэгъу зиІэхэр»

«Гъуэгу махуэ теуващ гущІэгъу зиІэхэр»

(Маттэ 5:7)

  1. 1. Иеговэ гущІэгъушхуэ хэлъщ.

    Хьэлэлу псоми яхущытщ.

    ІуэхуфІхэм гуфІэгъуэшхуэ хех.

    Дызыхуэныкъуэу хъуар къыдет.

    Гугъуехьхэм дащІмэ дэ нэщхъей,

    Ди лъэІур ди Адэм зэхихынщ.

    ДыкъыгуроІуэ дэ абы,

    ЕщІэж дыкъызыхэщІыкІар.

  2. 2. Гуэныхьым хуабжьу ди лъэр щІех,

    Къытхуигъэгъуну Тхьэм долъэІу.

    Зэгуэр дэ Хьисэ къыджиІат

    Мыпхуэдэу делъэІуну Тхьэм:

    «Гуэныхь длэжьахэр къытхуэгъэгъу,

    Адрейхэм дэри хуэдгъэгъуащ».

    Дэ губжьыр зытедмыгъэкІуэн,

    Гупсэхум ди гур къихъумэнщ.

  3. 3. ГущІэгъу хуэныкъуэхэм хуэтщІынщ,

    Хьэлэлу дэ дахущытынщ.

    Насыпыр зэлъытар аращ,

    ГуфІэгъуэ куэд абы къытхуехь.

    Иеговэ хуэтщІэу хъуар елъагъу,

    Дэ фІыгъуэ куэд къытхуищІэжынщ.

    ГущІэгъу пхэлъыныр — ар насыпщ,

    Ар тхэлъмэ, ди Адэм лъапІэу дебж.

(Абы нэмыщІ феплъ Мт. 6:2—4, 12—14.)