Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

136 УЭРЭДЫР

Иеговэ тыгъэшхуэ къытхуещІ

Иеговэ тыгъэшхуэ къытхуещІ

(Руфэ 2:12)

  1. 1. Иеговэ хэт пэжу бгъэдэтми ещІэж,

    Абы гурэ псэкІэ хуэпсэур.

    Къарум къызэрихькІэ хуолажьэ Абы

    ИкІи гугъуехь куэдыр яшэч.

    Хэт унэр, унагъуэр къэзыгъэнэфар?

    Бэгъуауэ Тхьэм къыфхуищІэжынщ.

    Дунейм тет къуэш, шыпхъухэр унагъуэ фхуэхъунщ,

    Жэнэтым фыщигъэпсэунщ.

    ЕЖЬУ

    Иеговэ и нэфІ уэ къыпщыхуэнщ,

    ХуэпщІа ІуэхуфІхэр щымыгъупщэжын.

    ЩхьэегъэзыпІэ уэ ар пхуэхъунщ,

    Уэ лъапІэу уелъытэ, ІыхьэфІыр къыуитынщ.

  2. 2. Дигу хьэлъэ щытелъи къытхуохуэ зэман,

    Зыгуэр тщІэну дигу къыдэмыж.

    Дэ махуэ къэс хьэлъэу Іуэху куэд ди пщэм дэлъщ

    Зэмани къаруи тІэщІах.

    Ди Адэ Иеговэ дигу илъыр елъагъу

    Ди лъэІухэри псори зэхех.

    И Псалъэм къару, гупсэхугъуэ къыдет,

    Ныбжьэгъухэри къыддоІэпыкъу.

    ЕЖЬУ

    Иеговэ и нэфІ уэ къыпщыхуэнщ,

    ХуэпщІа ІуэхуфІхэр щымыгъупщэжын.

    ЩхьэегъэзыпІэ уэ ар пхуэхъунщ,

    Уэ лъапІэу уелъытэ, ІыхьэфІыр къыуитынщ.

(Абы нэмыщІ феплъ Суд. 11:38—40; Ис. 41:10.)