Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

138 УЭРЭДЫР

«Тхъугъэм цІыхур егъэдахэ!»

«Тхъугъэм цІыхур егъэдахэ!»

(Притчи 16:31)

  1. 1. НыбжькІэ хэкІуэта ди куэдщ,

    Я къарур хэщІащ.

    Гузэвэгъуэ куэд яшэч,

    Ахэр къимыкІуэт.

    Жьыри щІалэри зэкъуэтщ,

    Дэ зы гъуэгу дытетщ.

    Ди Адэм щабэу къывжиІэнщ:

    «Тыгъэр къыфпэщылъщ!»

    ЕЖЬУ

    Ди Адэ, фІыуэ бощІэ —

    Куэд уэ къыпхуащІащ.

    ГъащІэ мыухыжыр

    Тыгъэу къалъырес.

  2. 2. Тхьэм и гъуэгум быдэу тетт,

    НасыпыфІэу псэут.

    Я щІалэгъуэм жыджэращ,

    Тхьэшхуэм хуэлэжьащ.

    Я нэхъыфІыр иратащ,

    Пэжу хуэпсэуащ.

    Я Іущагъыр лъапІэу добж,

    ПщІэ, нэмыс худощІ.

    ЕЖЬУ

    Ди Адэ, фІыуэ бощІэ —

    Куэд уэ къыпхуащІащ.

    ГъащІэ мыухыжыр

    Тыгъэу къалъырес.