Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

141 УЭРЭДЫР

ГъащІэр — тыгъэ лъапІэщ

ГъащІэр — тыгъэ лъапІэщ

(Псалом 36:9)

  1. 1. Дыгъэ бзий къепсар, сабий цІыкІу къалъхуар,

    Гуэдз ІэмыщІэр, удз гъэгъар, уэсэпс къехар.

    Тхьэм и тыгъэщ ар, и къарур долъагъу.

    Иеговэ, уэ зыращ дэ дызыхуэпсэур.

    ЕЖЬУ

    Уи гъащІэр лъапІэу щытщ, уэ абы пщІэ хуэщІ.

    Сытым деж ущыгуфІыкІыу, Тхьэр фІыщэу уэ лъагъу.

    Уегугъуми ар уэ зэи къыпхуэмылэжьыну.

    Ар тыгъэ дахэкІейщ, Иеговэ и саугъэтщ.

  2. 2. Гугъуехьышхуэхэм цІыхум и лъэр щІах,

    Гугъэр фІэкІуэдауэ ар поплъэ ажал.

    Ауэ дощІэ дэ: гъащІэр лъапІэу щытщ.

    Иеговэ тыгъэм щхьэкІэ фІыщІэ худощІ.

    ЕЖЬУ

    Уи гъащІэр лъапІэу щытщ, уэ абы пщІэ хуэщІ.

    Лъагъуныгъэ пхэлъу цІыхухэм я гъащІэм хуэсакъ.

    Дегугъуми ар дэ зэи къытхуэмылэжьыну.

    Ар тыгъэ дахэкІейщ, Иеговэ и саугъэтщ.