Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

144 УЭРЭДЫР

ГугъапІэм уи нэр тегъэт!

ГугъапІэм уи нэр тегъэт!

(2 Коринф 4:18)

  1. 1. Зымылъагъум и нэр къэплъэжынщ,

    Зэхихынущ дэгум бзум и макъ.

    Сабий джэгухэм дэ дагъэгушхуэнщ,

    ГуфІэгъуэ псоми дигу илъынщ.

    Дэ ди лІахэр къедгъэблэгъэжынщ,

    Зауэ щымыІэжу дыпсэунщ.

    ЕЖЬУ

    Жэнэт дахэр уи нэкІэ плъэгъунщ,

    Уэ уи нэр гугъапІэм тегъэт!

  2. 2. Щынэм и ныбжьэгъу дыгъужьыр хъунщ,

    ШкІэм и гъусэу мыщэм удз ишхынщ.

    Сабий цІыкІур блэм дэджэгуфынщ,

    Мамыру псори дыпсэунщ.

    Нэпсхэр Тхьэм тхущІилъэщІыкІыжынщ,

    Узхэр, шынэр зэи щымыІэжын.

    ЕЖЬУ

    Жэнэт дахэр уи нэкІэ плъэгъунщ,

    Уэ уи нэр гугъапІэм тегъэт!

(Абы нэмыщІ феплъ Ис. 11:6—9; 35:5—7; Ин. 11:24.)