146 УЭРЭДЫР
«Іуэху псори щІэуэ солэжь»
-
1. Дунейм нобэ къэхъум дэ наІуэ къытхуещІ:
Тхьэм Хьисэ Пащтыхьу тригъэуващ.
Хъужащ уафэр къабзэ — бийр темытыж,
Мы щІылъэри къабзэ Тхьэм ищІыжынщ.
ЕЖЬУ
Иеговэ и шэтыр дыщІэтщ,
Ар щабэу псоми къыдбгъэдэтщ.
КІуэдынщ гъы макъыр, узыр, гуауэр,
ЛІэныгъэр, нэпсыр, гузэвэгъуэр.
Иеговэ псори щІэуэ еухуэж,
И псалъэр къигъэпэжынщ!
-
2. Ерусалим къабзэри уафэм щоцІу,
НысащІэ дахащэр гъэщІэрэщІащ.
Щыгъын лъапІэ щыгъщ — нурыр къыщхьэщех.
Иеговэ и нэхум ар егъэлынд.
ЕЖЬУ
Иеговэ и шэтыр дыщІэтщ,
Ар щабэу псоми къыдбгъэдэтщ.
КІуэдынщ гъы макъыр, узыр, гуауэр,
ЛІэныгъэр, нэпсыр, гузэвэгъуэр.
Иеговэ псори щІэуэ еухуэж,
И псалъэр къигъэпэжынщ!
-
3. А къалэр гуфІэгъуэкІэ зэфІагъэуващ,
Сыт щыгъуи и куэбжэри зэІухащ.
Иеговэ и нурыр къыттригъэтщ,
А нурымкІэ цІыхухэм дадэгуэшэнщ.
ЕЖЬУ
Иеговэ и шэтыр дыщІэтщ,
Ар щабэу псоми къыдбгъэдэтщ.
КІуэдынщ гъы макъыр, узыр, гуауэр,
ЛІэныгъэр, нэпсыр, гузэвэгъуэр.
Иеговэ псори щІэуэ еухуэж,
И псалъэр къигъэпэжынщ!
(Абы нэмыщІ феплъ Мт. 16:3; Апок. 12:7—9; 21:23—25.)