Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

02 УРОКЫР

Библием гугъэ дахэ къыдет

Библием гугъэ дахэ къыдет

Ди зэманым гугъуехьхэр куэд хъуащ. Абыхэм цІыхухэм я лъэр щІах икІи узрэ гуауэрэ къыхуахь. Уэри апхуэдэ гуэр зыхэпщІауэ пІэрэ? Узыфэ хьэлъэм гугъу уригъэхьрэ? Е фІыуэ плъагъу цІыхур зэрыщымыІэжым уигъэнэщхъейрэ? «Ди гъащІэр нэхъыфІ хъуну пІэрэ?» — жыпІэу уегупсысу къыщІэкІынщ. Библием мы упщІэм ирит жэуапым гугъапІэ къыдет.

1. Сыт хуэдэ гугъапІэ Библием къыдитыр?

Библием къытхузэІуех дунейм апхуэдиз гугъуехь щІыщыІэм и щхьэусыгъуэр. Абы нэмыщІ Тхыгъэ ЛъапІэм дыкъегъэгугъэ Алыхьым куэд мыщІэу ди гугъуехьхэм кІэ иритыну. Библием «гъащІэрэ гугъапІэрэ» къыдет. (Къеджэ Иеремия 29:11, 12.) А гугъапІэр къыддоІэпыкъу, гугъуехьхэм емылъытауэ, фІым дегупсысыну икІи насыпыр зыфІэдмыгъэкІуэдыну.

2. Ди къэкІуэным теухуауэ Библием сыт жиІэр?

Библием зэрыжиІэмкІэ, «лІэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъынри, узыфэхэри щыІэжынукъым». (Къеджэ Апокалипсис 21:4.) ТхьэмыщкІагъэр, хабзэншагъэр, узыфэхэр, лІэныгъэр, нэгъуэщІ гугъуехьхэри щыІэжынукъым. Библием дыкъегъэгугъэ гъащІэ мыухыж диІэу жэнэтыщІым дыщыпсэуну.

3. Библием итым дзыхь хуэпщІу дауэ зебгъэса хъуну?

ЦІыху куэдыр фІым щыгугъми, абыхэм я фІэщ хъущэкъым зыщыгугъыр зэгуэр ялъэгъуну. Ауэ Библием дыкъызэригъэгугъэр Іэмал имыІэу къэхъунущ. «Тхьэм и псалъэу тхахэр махуэ къэс» бджымэ, абыхэм дзыхь хуэпщІу ухъунущ (Апостолхэм 17:11). Тхыгъэ ЛъапІэр куууэ бджымэ, уэ езым къыбгурыІуэнущ ди къэкІуэным теухуауэ абы жиІэм дзыхь хуэпщІ хъунрэ мыхъунрэ.

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Къытпэщылъ гъащІэм теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэнщ. Абы нэмыщІ деплъынщ Библием къыдит гугъэр ноби къызэрыддэІэпыкъум.

4. Библием дыкъегъэгугъэ ди гъащІэр дахэу икІи кІэ имыІэу щытыну

Библием дыкъызэригъэгугъэ гъащІэм теухуауэ ищІагъым къыщыхьам еплъ. Сыт уэ нэхъ уигу ирихьыр икІи сыт щхьэкІэ?

Библием щыщ едзыгъуэхэм къеджи егупсыс:

  • Мы едзыгъуэхэм уэ гугъапІэ къыуатрэ? Дауэ уеплърэ, уи унагъуэм щыщхэмрэ уи ныбжьэгъухэмрэ мы псалъэхэр къадэІэпыкъуну?

Мыпхуэдэ дунеищІэ уи нэгу къыщІэгъэхьэ:

ЗЫРИ...

ПСОРИ...

  • сымэджэнукъым, жьы хъунукъым икІи лІэжынукъым (Исайя 25:8).

  • щыгуфІыкІынущ лІахэм къахэтэджыкІыжыну я благъэхэмрэ я Іыхьлыхэмрэ (Иуан 5:28, 29).

  • узыншэу икІи къару я куэду щытынущ (Иов 33:25).

  • гупсысэ хьэлъэхэмрэ гукъэкІыж Іейхэмрэ игъэнэщхъеинукъым (Исайя 65:17).

5. Библием къыдит гугъэм гъащІэр нэхъыфІ ещІ

Гугъуехьхэм цІыхухэм я лъэр щІах е къагъэгубжь. Языныкъуэхэм дыщыпсэу дунейр нэхъыфІ зэращІыным я гъащІэ псор трагъэкІуадэ. Библием къыдит гугъэр цІыхухэм ноби сэбэп зэрахуэхъум теухуауэ къащІэ. ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэхэр зэпкърыфх.

  • Рафикэ сыт хуэдэ гугъуехьым пэщІэхуат?

  • Рафикэ и гугъуехьыр зыми Іуимыхами, дауэ Библиер абы къызэрыдэІэпыкъуар?

Библием къыдит гугъэр къыддоІэпыкъу ди гугъуехьхэм дыпэлъэщыну икІи ди лъэр щІэмыхуну. Притчи 17:22, Рим 12:12 итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:

  • Библием къыдит гугъэм ди гъащІэр нэхъыфІ ищІыну пІэрэ? Сыт апхуэдэу ущІегупсысыр?

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Библием жиІэр фІы дыдэщ, ауэ ар зэи къэхъунукъым».

  • Ар зэхэгъэкІын щІыхуейр сыт?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Библием гъащІэ дахэ къытпэщылъу жеІэ. Апхуэдэ гугъапІэр къыддоІэпыкъу ди гугъуехьхэм дыпэлъэщыну.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Алыхьым къыдит гугъэм теухуауэ цІыхухэм къащІэн щІыхуейр сыт?

  • Къытпэщылъ гъащІэм теухуауэ сыт Библием жиІэр?

  • Алыхьым къыбгъэдэкІ гугъэр дауэ нобэ къызэрыбдэІэпыкъуфынур?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Гугъуехьхэм дыпэлъэщыну гугъэр къызэрыддэІэпыкъум теухуауэ нэхъыбэ къащІэ.

«Сыт гугъапІэ къыдэзытыфынур?» («Фыкъызэщыу!», мэлыжьыхьым и 22, 2004 гъэ, урысыбзэкІэ)

Уз хэтІэса зиІэхэм гугъапІэр къазэрыдэІэпыкъуфынум теухуауэ къеджэ.

«Уз хэтІэса уиІэу упсэумэ, Библиер зыгуэркІэ къыбдэІэпыкъуфыну пІэрэ?» (интернет-статья)

Макъамэ зыщІэт видеом ущеплъкІэ уи нэгу къыщІэгъэхьэ уи унагъуэр уи гъусэу жэнэтым фыщыІэу.

«ГъащІэ дахэр уи нэгу къыщІэгъэхьэ!» (3:37)

Библием кърита гугъапІэм и фІыгъэкІэ цІыхухъум и гъащІэм зэрызихъуэжам теухуауэ къеджэ.

«Мы дунейр схъуэжын хуейуэ иджыпсту сегупсысыжкъым» («ХъумакІуэ чэщанэ», бадзэуэгъуэм и 1, 2013 гъэ)