Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

04 УРОКЫР

Хэт хъуну Алыхьыр?

Хэт хъуну Алыхьыр?

Ижь-ижьыж лъандэрэ цІыхухэр тхьэ нэпцІ куэдхэм хуолажьэ. Ауэ Библиер топсэлъыхь «тхьэуэ щыІэхэм нэхърэ нэхъ Тхьэшхуэм» (2 Летопись 2:5). Хэт зи гугъу тщІыр? ЦІыху куэдыр зыхуэлажьэ тхьэхэм нэхърэ ар щхьэ нэхъ лъагэ? Мы урокым уэ къыщыпщІэнущ Алыхь пэжым езым теухуауэ уэ къыбжиІэну зыхуейр.

1. Хэт Алыхьым и цІэр икІи а цІэр тщІэну езы Алыхьыр зэрыхуейр дэнэ дэ щытщІэр?

Алыхьым теухуауэ дэ Библием къыщыдощІэ. Алыхьым дэ зыкъытхуегъазэ: «Сэ сы-Иеговэщ. Аращ си цІэр». (Къеджэ Исайя 42:5, 8.) Иеговэ цІэр журтыбзэм къытехъукІащ икІи, щІэныгъэлІ куэдым зэрабжымкІэ, а цІэм къикІыр «Абы къегъэхъу» жиІэу аращ. Иеговэ хуейщ абы и цІэр дэ тщІэну (Исход 3:15). Абы щыхьэт тохъуэ Алыхьым и цІэм Библием миниблым a щІигъукІэ узэрыхуэзэр. Иеговэ цІэр зезыхьэр «ищхьэкІэ уафэми ищІагъкІэ щІылъэми щыІэ Алыхь пэжыращ» (Второзаконие 4:39).

2. Иеговэ теухуауэ Библием сыт къыщытщІэр?

ЦІыхухэм тхьэ куэд ягъэлъапІэ, ауэ, Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхь пэжыр Иеговэ закъуэщ. Сыт апхуэдэу щІыжытІэр? Дэ дощІэ Иеговэ «фІэкІа ди щхьэщыгум зыри зэримытыр». (Къеджэ Псалом 83:18.) Иеговэщ «лъэкІыныгъэшхуэ» зиІэр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы дэтхэнэ и мурадри игъэзэщІэжыфынущ. Аращ «псори къэзыгъэщІар»: Дунеишхуэмрэ псэ зыІут псомрэ (Апокалипсис 4:8, 11). Иеговэ закъуэщ сыт щыгъуи щыІар икІи щыІэнур (Псалом 90:2).

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

ЯпэщІыкІэ Алыхьым и цІэмрэ и титулхэмрэ зэрызэщхьэщыкІым дытепсэлъыхьынщ. ИужькІэ Алыхьым и цІэр къызэрыпхузэІуих щІыкІэмрэ абы ар къыщІыпхузэІуихым и щхьэусыгъуэмрэ къэтщІэнщ.

3. Алыхьым титул куэд иІэщ, ауэ абы и цІэр зыщ

Алыхьым и цІэмрэ и титулхэмрэ зэрызэщхьэщыкІым теухуа ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэр зэпкърыфх.

  • Алыхьым и цІэмрэ абы и титул «Зиусхьэн» жыхуиІэмрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэ?

Библием жеІэ цІыхухэр тхьэ куэдым зэрыхуэлажьэр. Псалом 136:1—3 итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:

  • Хэт «алыхьхэм я Алыхьыр» икІи «зиусхьэнхэм я Зиусхьэныр»?

4. Иеговэ хуейщ уэ абы и цІэр къэбгъэсэбэпыну

Сыт къэзыгъэлъагъуэр Иеговэ зэрыхуейр абы и цІэр къэбгъэсэбэпыну? ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэхэр зэпкърыфх.

  • Дауэ уеплърэ, Иеговэ хуей абы и цІэр цІыхухэм ящІэну? Сыт апхуэдэу ущІегупсысыр?

Иеговэ хуейщ цІыхухэм абы и цІэр къагъэсэбэпыну. Рим 10:13, ДЩІ итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:

  • Алыхьым и цІэр къэбгъэсэбэпыным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

  • Адрейхэм уи цІэр зэращІэжыр икІи ар къызэрагъэсэбэпыр уи гуапэ?

  • Дауэ уеплърэ, Иеговэ и гуапэ абы и цІэмкІэ ущеджэм деж?

5. Иеговэ хуейщ уэ абы и ныбжьэгъу ухъуну

Камбоджэ къэралым щыщ Сотен зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым и цІэр абы къызэрищІам насыпыфІэ дыдэ ищІащ. ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэр зэпкърыфх.

  • Сотен дауэ къызэрыщыхъуар Алыхьым и цІэр къызэрищІар?

Зыгуэрым ныбжьэгъу ухуэхъун ипэ, абы и цІэр къэпщІэн хуейщ. Екъуб 4:8, япэ Іыхьэм итым фыкъеджи мы упщІэхэм фегупсыс:

  • Иеговэ сыткІэ къолъэІурэ?

  • Алыхьым и цІэр къызэрыбгъэсэбэпым сыт абы гъунэгъу ущІыхуищІыр?

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Алыхьыр закъуэщ, абы узэреджэм мыхьэнэ иІэкъым».

  • Алыхьым и цІэр зэры-Иеговэр уи фІэщ хъурэ?

  • Дапхуэдэут нэгъуэщІым къызэрыгурыбгъэІуэнур Алыхьыр зэрыхуейр абы и цІэр дэ къэдгъэсэбэпыну?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Алыхь пэж закъуэм и цІэр Иеговэщ. Алыхьыр хуейщ абы и цІэмкІэ деджэну икІи апхуэдэу абы гъунэгъу дыхуэхъуну.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Иеговэ сыткІэ къащхьэщыкІрэ цІыху куэдыр зыхуэлажьэ тхьэхэм?

  • Алыхьым и цІэмкІэ дыщІеджэн хуейр сыт?

  • Сыт къэзыгъэлъагъуэр Иеговэ зэрыхуейр уэ абы ныбжьэгъу ухуэхъуну?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Алыхьыр зэрыщыІэм щыхьэт техъуэ Іуэхугъуитху зэпкърых.

«Алыхьыр щыІэу пІэрэ?» (интернет-статья)

Алыхьыр сыт щыгъуи зэрыщыІар уи фІэщ пщІыным Іущагъ зэрыхэлъым теухуауэ къеджэ.

«Алыхьыр хэт къэзыгъэщІар?» («ХъумакІуэ чэщанэ», шыщхьэІум и 1, 2014 гъэ)

Пасэрей журтыбзэмкІэ Алыхьым и цІэр къызэрапсэлъу щытар нобэ дымыщІэми, а цІэр къэдгъэсэбэпын хуейщ. Абы и щхьэусыгъуэм теухуауэ къащІэ.

«Хэт хъуну Иеговэ?» (интернет-статья)

Алыхьым и цІэмкІэ дызэреджэм мыхьэнэ иІэу пІэрэ? Алыхьым зы цІэ закъуэ фІэкІа зэримыІэм теухуауэ къеджэ.

«Алыхьым цІэ дапщэ иІэр?» (интернет-статья, урысыбзэкІэ)

a Алыхьым и цІэм къикІымрэ языныкъуэ Библиехэм а цІэм ущІримыхьэлІэмрэ теухуауэ «ДунеищІэкІэ еджэу урысыбзэкІэ зэдзэкІа Тхыгъэ ЛъапІэм» и Приложение А4 нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ.