Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

16 УРОКЫР

Хьисэ щІылъэм щыпсэуам щыгъуэ сыт хуэдэ гъащІэ ирихьэкІар?

Хьисэ щІылъэм щыпсэуам щыгъуэ сыт хуэдэ гъащІэ ирихьэкІар?

ЦІыхухэр Хьисэ Мэссихь щегупсысым деж хэти и нэгу къыщІигъэхьэр сабий цІынэщ, хэти — Іущагъышхуэ зыбгъэдэлъ бегъымбарщ, хэти — хьэзаб телъу зи псэр хэкІ цІыхухъущ. Ауэ Хьисэ Мэссихь теухуауэ дэ иджыри куэд къэтщІэфынущ. ЩІылъэм щыпсэуам щыгъуэ сыт хуэдэ гъащІэ абы ирихьэкІар? Мы урокым уэ къыщыпщІэнущ Хьисэ и гъащІэм сыт япэ иригъэщу щытами икІи сыт хуэдэ дерс уэ абы къыхэпхыфынуми.

1. Хьисэ и гъащІэм сыт япэ иригъэщу щытар?

Хьисэ и гъащІэм псом япэ иригъэщу щыта Іуэхугъуэм теухуауэ мыпхуэдэ псалъэхэр жиІащ: «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфІыр цІыхухэм... хуэсІуэтэн хуейщ». (Къеджэ Лука 4:43.) ЦІыхухэм я гугъуехьхэм кІэ езытыну Пащтыхьыгъуэм, е нэгъуэщІу жыпІэмэ правительствэм, теухуауэ Хьисэ цІыхухэм яжриІэт a. И къаруми и зэманми щымысхьу илъэсищрэ ныкъуэкІэ Хьисэ а лэжьыгъэр ирихьэкІащ (Маттэ 9:35).

2. Хьисэ Іуэху телъыджэхэр сытыт щІищІэр?

Библием итщ Алыхьым Хьисэ къигъэсэбэпу Іуэху телъыджэхэр зэрищІар икІи нэщэнэ гъэщІэгъуэныщэхэр зэригъэлъэгъуар (Апостолхэм 2:22). Алыхьым и къарукІэ Хьисэ борэнышхуэр игъэсэбырыжащ, мин бжыгъэ хъу цІыхухэр игъэшхащ, сымаджэхэр игъэхъужащ, лІа нэгъуни къигъэтэджыжащ (Маттэ 8:23—27; 14:15—21; Марк 6:56; Лука 7:11—17). Хьисэ ищІа телъыджэхэм ІупщІу къыдгурагъаІуэ ар Алыхьым къызэригъэкІуар. Абы нэмыщІ абыхэм къагъэлъагъуэ Иеговэ ди гугъуехьхэм кІэ иритыну къаруушхуэ зэриІэр.

3. Хьисэ гъащІэ ирихьэкІам сытым дыхуигъасэрэ?

Сыт къэмыхъуами, Хьисэ Иеговэ жиІэм едаІуэт. (Къеджэ Иуан 8:29.) ЗыпэщІэхуэ гугъуехьхэм емылъытауэ, и Адэр къызэрелъэІу псори абы игъэзащІэт. ЦІыхур сыт хуэдэ гугъуехь пэщІэмыхуами, Алыхьым пэжу къызэрыхуэнэфынур Хьисэ ирихьэкІа гъащІэм къегъэлъагъуэ. Апхуэдэу Хьисэ «и лъэужьым [д]рикІуэн папщІэ, щІапхъэхэр [д]игъэлъэгъуащ» (1 Петр 2:21).

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Хьисэ хъыбарыфІыр зэригъэІуам икІи Іуэху телъыджэхэр ищІэу зэрыщытам теухуауэ нэхъыбэ къащІэ.

4. Хьисэ хъыбарыфІыр игъэІут

ЦІыхухэм хъыбарыфІыр зэхригъэхын щхьэкІэ Хьисэ сабэ къызэрыщэщ гъуэгуанэ кІыхь зэпичт. Лука 8:1 итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:

  • Хьисэ и деж къакІуэ закъуэхэрат хъыбарыфІымкІэ зыдэгуашэу щытар?

  • Хьисэ сыт хуэдиз къару ирихьэлІэу щыта цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ ядэгуэшэн щхьэкІэ?

Алыхьым бегъымбархэм иригъэтхауэ щытат Мэссихьыр къэкІуа иужь цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ зэрадэгуэшэнур. Исайя 61:1, 2 итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:

  • Бегъымбар Ешайа итха мы псалъэхэр Хьисэ и деж дапхуэдэу гъэзэщІа зэрыхъуар?

  • Дауэ уеплърэ, цІыхухэр нобэ а хъыбарыфІым хуэныкъуэу пІэрэ?

5. Мыхьэнэшхуэ зиІэ пэжхэм Хьисэ хуригъаджэт

Хьисэ Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр цІыхухэм зэражриІэм нэмыщІ, гъащІэм сэбэп къахуэхъун пэжхэмкІи ядэгуашэт. Хьисэ Іуащхьэм тету жиІа псалъэм хэта языныкъуэ щапхъэхэм деплъынщ. Маттэ 6:14, 34; 7:12 итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:

  • Хьисэ жиІа мы псалъэхэм сыт хуэдэ дерс дэ хэтхыфынур?

  • Дауэ уеплърэ, мы чэнджэщхэр ди зэманми сэбэп къытхуэхъуну?

6. Хьисэ Іуэху телъыджэхэр ищІэт

Иеговэ Хьисэ къару иритащ Іуэху телъыджэхэр ищІэну. Зы щапхъэ деплъынщ. Марк 5:25—34 итым фыкъеджэ е ВИДЕОМ феплъ. ИужькІэ къыкІэлъыкІуэ упщІэхэр зэпкърыфх.

  • Узыфэ хьэлъэ зиІэ цІыхубзым сытыт быдэу и фІэщ хъур?

  • А цІыхубзым теухуа хъыбарым псом хуэмыдэу сыт уигу ирихьар?

Иуан 5:36 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • Хьисэ ищІа телъыджэхэм езым теухуауэ сыт къыдагъащІэр?

ПщІэуэ пІэрэ?

Хьисэ и гъащІэм теухуауэ нэхъыбэу къэзыІуэтэжыр Библием щыщ ХъыбарыфІ тхылъиплІыращ. Ахэр зытхар Маттэ, Марк, Лука, Иуан сымэщ. А тхылъиплІыр Хьисэ и гъащІэм къыщекІуэкІа Іуэхугъуэ зэмылІэужьыгъуэхэм топсэлъыхь. Абыхэм итыр къыддоІэпыкъу Хьисэ и гъащІэр гъэщІэгъуэныщэу зэрекІуэкІар ди нэгу къыщІэдгъэхьэну.

  • МАТТЭ

    ХъыбарыфІ тхылъиплІым и япэ тхылъыр итхащ. Хьисэ зыхуригъаджэу щытам ар топсэлъыхьыж, псом хуэмыдэу Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ.

  • МАРК

    ХъыбарыфІ тхылъиплІым я нэхъ кІэщІ дыдэр итхащ. Ар Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэн куэдым топсэлъыхь.

  • ЛУКА

    тхьэлъэІухэмрэ Хьисэ цІыхубзхэм зэрыхущытамрэ нэхъыбэу топсэлъыхь.

  • ИУАН

    Хьисэ и хьэл-щэнхэм теухуауэ нэхъыбэ къытхузэІуех. Абы нэмыщІ Хьисэ и ныбжьэгъухэмрэ нэгъуэщІ цІыхухэмрэ зэрепсэлъар итхыжащ.

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Хьисэ бегъымбархэм ящыщ зыуэ аращ».

  • Апхуэдэу жызыІэм сытыт уэ жепІэнур?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Хьисэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр игъэІут икІи Іуэху телъыджэхэр ищІэт. Сыт хуэдэ Іуэхугъуэ пэщІэмыхуами, ар Иеговэ и жыІэм щІэтт.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Сыт хуэдэ лэжьыгъэ Хьисэ псом япэ иригъэщу щытар?

  • Хьисэ ищІа телъыджэхэм сыт къагъэлъагъуэр?

  • ГъащІэм сэбэп къахуэхъун сыт хуэдэ пэжхэмкІэ Хьисэ цІыхухэм ядэгуашэрэт?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Хьисэ ищІа телъыджэхэр къызэрыхъуам щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэм деплъынщ.

«Хьисэ ищІа телъыджэхэр. Сыт абыхэм къыдагъащІэр?» («ХъумакІуэ чэщанэ», бадзэуэгъуэм и 15, 2004 гъэ, урысыбзэкІэ)

Хьисэ псэемыблэжу лъагъуныгъэ зэригъэлъэгъуар къыщищІам зы цІыхухъум и гъащІэр зэрихъуэжам теухуауэ къащІэ.

«Си щхьэм сыхуэпсэужу арат» («ХъумакІуэ чэщанэ», жэпуэгъуэм и 1, 2014 гъэ)

a Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ 31—33 урокхэм нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ.