Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

18 УРОКЫР

Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэр дапхуэдэу къызэрыпцІыхунур?

Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэр дапхуэдэу къызэрыпцІыхунур?

ЦІыху миллиардитІым щІигъум Хьисэ и лъэужь ирикІуэу забжыж. Ауэ абыхэм я фІэщ хъумрэ я дуней тетыкІэмрэ хуабжьу зэщхьэщокІ. Дауэ-тІэ Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэр къызэрытцІыхунур?

1. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр хэт хъуну?

Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр ар Хьисэ МэссихькІэ фІэщхъуныгъэ зиІэхэращ. (Къеджэ Апостолхэм 11:26.) Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къызэрытцІыхунур езым къыдгуригъэІуащ. Абы жиІащ: «Си псалъэхэр вгъэзащІэмэ, си гъуэгу пэжу ирикІуэхэм фащыщщ» (Иуан 8:31, ДЩІ). Абы къокІ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр абы зыхуригъаджэу щытам тету псэун зэрыхуейр. Хьисэ зыхуригъаджэу щытар сыт щыгъуи Алыхьым и Псалъэм тегъэщІауэ щытт. Абы и лъэужь ирикІуэхэми я фІэщ хъур Библием тегъэщІауэ щытщ. (Къеджэ Лука 24:27.)

2. Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэм дапхуэдэу лъагъуныгъэ зэрагъэлъагъуэр?

Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм мыпхуэдэ унафэ къахуигъэнащ: «Сэ фэ фІыуэ фызэрыслъэгъуам хуэдэу, фэри фІыуэ фызэрылъагъун хуейщ» (Иуан 15:12). Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм дапхуэдэут лъагъуныгъэ зэрахуигъэлъагъуэр? Абы и гъэсэнхэм я гъусэу зэман игъакІуэт, дэІэпыкъут икІи ахэр игъэгушхуэт. Уеблэмэ, Хьисэ абыхэм щхьэкІэ и гъащІэр итащ (1 Иуан 3:16). Абы ещхьу, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр лъагъуныгъэм тепсэлъыхь къудейуэ аракъым, атІэ абыхэм а хьэл-щэныр ІуэхукІэ къагъэлъагъуэ.

3. Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэм я дежкІэ сыт хуэдэ Іуэхура нэхъапэ дыдэр?

Хьисэ и гъэсэнхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн яритащ: абы ахэр игъэкІуащ «цІыхухэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфІым ирагъэдэІуэну» (Лука 9:2). Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм хъыбарыфІыр щагъэІур я зэІущІэхэр щрагъэкІуэкІ щІыпІэхэм я закъуэтэкъым, атІэ ахэр езыхэр цІыхухэм я деж кІуэт: я унэхэм, бэзэрхэм, цІыху зэхуэсыпІэхэм. (Къеджэ Апостолхэм 5:42; 17:17.) Ноби Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм хъыбарыфІыр цІыху здэщыІэ дэнэ щІыпІэми щагъэІу. Абыхэм цІыхухэр фІыуэ ялъагъури, я къаруми я зэманми щымысхьу гупсэхугъуэрэ гугъапІэрэ къозыт Библием ит хъыбар дахэмкІэ цІыхухэм ядогуашэ (Марк 12:31).

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэмрэ абы и лъэужь ирикІуэу зызыбжыжхэмрэ сыткІэ зэщхьэщыкІми къащІэ.

4. Абыхэм Библием ит пэжыр къалъыхъуэ

Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я фІэщ хъур зытегъэщІар Алыхьым и Псалъэрат

Хьисэ и лъэужь ирикІуэу зызыбжыж псори Библием итым тету псэукъым. ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэр зэпкърыфх.

  • Члисэхэр цІыхухэм дапхуэдэут зэран зэрыхуэхъур Хьисэ зыхуригъаджэу щытам теухуауэ къащІэну?

Хьисэ Алыхьым и Псалъэм ит пэжым цІыхухэр хуригъаджэт. Иуан 18:37 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • Хьисэ и псалъэхэм къызэрыхэщымкІэ, абы и лъэужь пэжу ирикІуэхэр дауэ къызэрыпцІыхунур?

5. Абыхэм Библием ит пэжым хурагъаджэ

Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр фІыуэ зэрылъагъут

Хьисэ уафэм дэкІуеижын ипэ и гъэсэнхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн яритащ. Ноби абы и гъэсэнхэм а унафэр ягъэзащІэ. Маттэ 28:19, 20, Апостолхэм 1:8 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • ХъыбарыфІ гъэІуным дапхуэдизу зиубгъун хуей икІи зэман дапщэкІэ ар зэрекІуэкІынур?

6. Ахэр зыхурагъаджэм тету мэпсэу

Дапхуэдэу Том зи цІэ цІыхухъум Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэр къызэригъуэтар? ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэхэр зэпкърыфх.

  • И диныр зэрымыпэжыр Том дапхуэдэу къызэрыгурыІуар?

  •   Абы пэжыр къызэригъуэтар дауэ къызэрыгурыІуар?

Псалъэхэм нэхърэ ІуэхущІафэхэм къару нэхъыбэ ящІэлъщ. Маттэ 7:21 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • Хьисэ дежкІэ сыт нэхъапэр: ар ди фІэщ зэрыхъур жытІэныра хьэмэрэ ди фІэщ хъум дытету дыпсэуныра?

7. Ахэр фІыуэ зэролъагъу

Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр адрейхэм хъыбарыфІымкІэ дэгуашэт

Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэм я къуэшхэм щхьэкІэ я гъащІэр ятыну хьэзырщ. ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэхэр зэпкърыфх.

  • Ллойд ди къуэш Йоханссон щхьэкІэ и гъащІэр итыну хьэзыру щІыщытыр сытыт?

  • Ллойд ищІам къыхэщрэ ар Хьисэ и гъэсэн пэжу зэрыщытыр?

Иуан 13:34, 35 итым фыкъеджи мы упщІэхэм фегупсыс:

  • Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэр дапхуэдэу зэрыхущытын хуейр нэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщ цІыхухэм?

  • «ФІыуэ фызэрылъагъу» жыхуиІэ Хьисэ и унафэм зауэ зэманым Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр тетын хуей?

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Сыт хуэдэ дин дымыІыгъми, дэ псори дызыхуэлажьэр зы Алыхьыращ»

  • Апхуэдэу жызыІэм Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм яхуигъэувыр ебгъэлъэгъун щхьэкІэ Тхыгъэ ЛъапІэм ит сыт хуэдэ едзыгъуэ къэбгъэсэбэп хъунур?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэр Библием зыхуригъаджэм тету мэпсэу, псэемыблэжу лъагъуныгъэ ягъэлъагъуэ икІи Библием ит пэжым хурагъаджэ.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэм я фІэщ хъур сыт зытегъэщІар?

  • Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэр сыт хуэдэ хьэл-щэнкІэ къызэрыпцІыхунур?

  • Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэм я деж сыт хуэдэ лэжьыгъэра нэхъапэр?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Хьисэ Мэссихь и щапхъэм икІи абы зыхуригъаджэу щытам тету псэуну хущІэкъу цІыхухэм теухуауэ нэхъыбэ къащІэ.

«Хэт хъуну Иеговэ и Щыхьэтхэр?» (1:13)

Католик диныр зыІыгъа цІыхубзым Алыхьым пэжу хуэлажьэ унагъуэшхуэр къызэригъуэтам теухуауэ еджэ.

«Библиер къагъэсэбэпу си упщІэхэм псоми жэуап къратт!» («ХъумакІуэ чэщанэ», мэлыжьыхьым и 1, 2014 гъэ, урысыбзэкІэ)

Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэр гузэвэгъуэшхуэ хэхуа я къуэшхэм дапхуэдэу зэрадэІэпыкъур?

«Гузэвэгъуэшхуэ хэхуа къуэшхэм дазэрыдэІэпыкъур» жыхуиІэ роликым щыщ Іыхьэ (3:57)

Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэм щыщу ди зэманым псэухэмрэ япэ лІэщІыгъуэм псэуахэмрэ зэрызэщхьым теухуауэ къеджэ.

«Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэр дапхуэдэу къызэрыпцІыхунур?» («ХъумакІуэ чэщанэ», гъатхэпэ мазэм и 1, 2012 гъэ, урысыбзэкІэ)