Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

25 УРОКЫР

Сыт хуэдэ мурад иІэу Алыхьым цІыхухэр къигъэщІа?

Сыт хуэдэ мурад иІэу Алыхьым цІыхухэр къигъэщІа?

Библием итщ цІыхум и гъащІэр «зэрыкІэщІыр икІи ар гугъуехькІэ гъэнщІауэ зэрыщытыр» (Иов 14:1). Арат Алыхьым и мурадыр? Армырамэ, сыт хуэдэ мурад иІэу Алыхьым цІыхухэр къигъэщІа? Алыхьым и мурадыр къэхъуну? Мы упщІэхэм теухуауэ гупсэхугъуэ къозыт жэуапхэр Библием итщ.

1. Сыт хуэдэ гъащІэ диІэу дыпсэуну Иеговэ хуей?

Иеговэ хуейщ гъащІэфІ дыдэ диІэну. Алыхьым япэ дыдэу къигъэщІа цІыхуитІым — Іэдэмрэ Хьэуарэ — Іэдэн жыг хадэ дахащэр псэупІэу яритащ. Алыхьым и нэфІ ящыхуэри яжриІащ абыхэм: «Фылъхуэ-фыпІэ, фыбагъуэ, щІылъэм тез фыхъуи, ар къэвгъэІурыщІэ» (ЩІэдзапІэ 1:28). Иеговэ хуейт абыхэм сабий яІэну, щІылъэ псор жэнэт ящІыну икІи псэущхьэхэм кІэлъыплъыну. Ар хуейт цІыхухэм узыр зищІысыр ямыщІэу, игъащІэкІэ псэуну.

Апхуэдэ гъащІэ дэ нобэ дымылъагъуми, Алыхьым и мурадым зихъуэжакъым (Исайя 46:10, 11) a. Ар хуейщ абы и жыІэм щІэтхэм гъащІэ мыухыж яІэу дуней дахащэм щыпсэуну. (Къеджэ Апокалипсис 21:3, 4.)

2. Уи гъащІэм мыхьэнэ иІэн щхьэкІэ сыт пщІэн хуейр?

Иеговэ езым теухуауэ щІэныгъэ зэдгъэгъуэту икІи абы дыхуэлажьэу дыпсэун хуейуэ дыкъигъэщІащ. (Къеджэ Маттэ 5:3—6.) Ар хуейщ дэ абы и ныбжьэгъу дыхъуну, и гъуэгум дытетыну, фІыуэ тлъагъуну икІи ди гуми ди псэми къыбгъэдэкІыу дыхуэлэжьэну (Второзаконие 10:12; Псалом 25:14). Апхуэдэу тщІэмэщ, дэ гугъуехьхэм емылъытауэ нэгъэсауэ насыпыфІэ дыщыхъунур икІи ди гъащІэм мыхьэнэ иІэу щызыхэтщІэнур.

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Иеговэ лъагъуныгъэшхуэ хэлъу щІылъэр зэрытхуигъэхьэзырамрэ гъащІэм и мыхьэнэм теухуауэ Библием итымрэ къащІэ.

3. Иеговэ цІыхухэм мурадыфІ дыдэ хуиІэщ

ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэр зэпкърыфх.

  • Ди щІылъэ дахащэр Алыхьым къыщІигъэщІар сыт?

Экклезиаст 3:11 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • Иеговэ теухуауэ мы едзыгъуэм сыт къыщыпщІар?

4. Иеговэ и мурадым зихъуэжакъым

Псалом 37:11, 29, Исайя 55:11 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • Иеговэ цІыхухэм яхуиІэ мурадым зэрызимыхъуэжар дэнэ дэ щытщІэр?

5. Иеговэ дызэрыхуэлажьэм ди гъащІэм мыхьэнэ пэж къыхелъхьэ

ГъащІэм и мыхьэнэр къыщыпщІам деж абы насыпыфІэ уещІ. ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэр зэпкърыфх.

  • Теруми зи цІэ цІыхубзым гъащІэм и мыхьэнэр къызэрыгурыІуам сыт хуэдэ сэбэпынагъ къыхуихьар?

Экклезиаст 12:13 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • Иеговэ къытхуищІэ псом щхьэкІэ дапхуэдэу фІыщІэ зэрыхуэтщІ хъунур?

ЗЫГУЭР КЪОУПЩІЫНКІЭ ХЪУНУЩ: «ДыщІэпсэум и мыхьэнэр сыт?»

  • Сыт хуэдэ жэуапт абы ептынур?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Иеговэ хуейщ дэ гъащІэ дахэ, гъащІэ мыухыж диІэу мы щІылъэм дыщыпсэуну. Дигуми ди псэми къыбгъэдэкІыу Алыхьым дызэрыхуэлажьэм иджыпсту щыщІэдзауэ ди гъащІэм мыхьэнэ пэж къыхелъхьэ.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Иеговэ и мурадымкІэ Іэдэмрэ Хьэуарэ сыт хуэдэ гъащІэ яІэн хуеяр?

  • ЦІыхухэм теухуауэ Алыхьым иІа мурадым зэрызимыхъуэжар дэнэ дэ щытщІэр?

  • Уи гъащІэм мыхьэнэ пэж иІэн щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Іэдэн жыг хадэр пэж дыдэу зэрыщыІам щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр къащІэ.

«Іэдэн жыг хадэр пэж дыдэу щыІа?» («ХъумакІуэ чэщанэ», щІышылэм и 1, 2011 гъэ, урысыбзэкІэ)

ЩІылъэр зэи зэрымыкІуэдыжынур Библием къызэригъэлъагъуэр къащІэ.

«ЩІылъэр кІуэдыжыну?» (интернет-статья, урысыбзэкІэ)

«Сыт гъащІэм и мыхьэнэр?» жыхуиІэ упщІэм Библием ирит жэуапыр къащІэ.

«Сыт гъащІэм и мыхьэнэр?» (интернет-статья, урысыбзэкІэ)

Псори иІэу къэзылъытэ цІыхум хуримыкъур къызэригъуэтам теухуауэ къащІэ.

«Иджы си гъащІэм мыхьэнэ иІэ хъуащ» (3:55)

a Алыхьым и мурадымкІэ диІэн хуея гъащІэм хуэдэ нобэ дыщІимыІэм теухуауэ къыкІэлъыкІуэ урокым къыщыпщІэнущ.