Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

28 УРОКЫР

Дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур Иеговэрэ Хьисэрэ фІыщІэ зэрахуэтщІыр?

Дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур Иеговэрэ Хьисэрэ фІыщІэ зэрахуэтщІыр?

Сыт уэ зыхэпщІэр тыгъэ лъапІэ къыщыуатым деж? ДауикІ, ар уи гуапэ мэхъу икІи фІыщІэ бощІ. Иеговэрэ Хьисэрэ зыми хуэмыдэ тыгъэ дэ къытхуащІащ. Ар сыт хуэдэ тыгъэ? А тыгъэр фІыщІэ зэрытщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?

1. Иеговэрэ Хьисэрэ къыпхуащІам щхьэкІэ дапхуэдэу фІыщІэ зэрахуэпщІыфынур?

Библием итщ ХьисэкІэ фІэщхъуныгъэ зиІэ дэтхэнэ зыми гъащІэ мыухыж иІэу зэрыпсэуфынур (Иуан 3:16). Ауэ Хьисэ уи фІэщ хъу закъуэкІэ зэфІэкІкъым, атІэ ар уи фІэщ зэрыхъур унафэ къапщтэхэми уи ІуэхущІафэхэми къыхэщын хуейщ (Екъуб 2:17). Уи фІэщхъуныгъэр уи псалъэхэми уи Іуэхухэми къыхэщмэ, Хьиси Иегови уахуиІэ ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ хъунущ. (Къеджэ Иуан 14:21.)

2. Мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ Іуэхугъуэм Іэмал къыдитрэ Иеговэрэ Хьисэрэ фІыщІэ зэрахуэтщІыр къэдгъэлъэгъуэну?

ЛІэным ипэ къихуэ жэщым Хьисэ и гъащІэ итынум щхьэкІэ и гъэсэнхэм фІыщІэ зэращІ хъун иджыри зы Іэмал яжриІащ. Абыхэм унафэ яхуищІащ «Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр» зэхуэсу ягъэлъэпІэну. А махуэшхуэм дэ иджыри Хьисэ и лІэныгъэр дигу къыщыдгъэкІыж ПщыхьэщхьэшхэкІэ доджэ (1 Коринф 11:20). Хьисэ хуейт апостолхэми, иужькІэ абы и лъэужь ирикІуэнухэми, цІыхухэм щхьэкІэ абы и гъащІэр зэритар ягу къагъэкІыжыну. А махуэшхуэм щхьэкІэ Хьисэ мыпхуэдэу жиІащ: «Мыпхуэдэу фщІэ, фи гум сыкъэвгъэкІыжын щхьэкІэ» (Лука 22:19, ДЩІ). А зэІущІэ хэхам дызэрыкІуэмкІэ дэ къэдгъэлъэгъуэнущ Иеговэрэ Хьисэрэ къытхуагъэлъэгъуа лъагъуныгъэшхуэр фІыщІэ зэрытщІыр.

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Иеговэрэ Хьисэрэ къытхуаІэ лъагъуныгъэшхуэр фІыщІэ зэрытщІыр иджыри дапхуэдэу къэдгъэлъагъуэ хъунуми икІи Хьисэ и лІэныгъэр дигу къыщыдгъэкІыж Пщыхьэщхьэшхэм декІуэлІэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сытми къащІэ.

3. Уи гум фІыщІэ илъыр дапхуэдэу къызэрыбгъэлъэгъуэфынур?

Уи нэгу къыщІэгъэхьэт уэ зыгуэрым уи гъащІэр къригъэлауэ. Ар уэ пщыгъупщэжынут? ДауикІ, пщыгъупщэжынутэкъым. А цІыхум уэ фІы гуэр зэрыхуэпщІэжынум ухущІэкъуну къыщІэкІынт.

Иеговэ къытхуиІэ лъагъуныгъэм и фІыгъэщ гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуну Іэмал дызэриІэр. 1 Иуан 4:8—10 итым фыкъеджи мы упщІэхэм фегупсыс:

  • Хьисэ и гъащІэр зэритар зыми хуэмыдэ тыгъэу щІыщытыр сыт?

  • Иеговэрэ Хьисэрэ къыпхуащІам сыт хуэдэ гурыщІэхэр къыуитрэ?

Иеговэрэ Хьисэрэ фІыщІэ зэрахуэтщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? Фыкъеджэ 2 Коринф 5:15, 1 Иуан 4:11; 5:3. Едзыгъуэ къэс уеджа иужь мы упщІэм жэуап ет:

  • Мы едзыгъуэм зэритымкІэ, ди гум илъ фІыщІэр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъагъуэ хъунур?

4. Хьисэ щапхъэ тех

Ди гум илъ фІыщІэр къызэрыдгъэлъэгъуэфыну Іэмалхэм ящыщщ Хьисэ щапхъэ тетхыну дызэрыхущІэкъур. 1 Петр 2:21 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • Хьисэ нэхъыфІыжу щапхъэ тепхын щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур?

5. Хьисэ и лІэныгъэр дигу къыщыдгъэкІыж Пщыхьэщхьэшхэр бломыгъэкІ

Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр япэу зэрекІуэкІам теухуауэ Лука 22:14, 19, 20 итым фыкъеджи мы упщІэхэм фегупсыс:

  • Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр дапхуэдэу зэрекІуэкІар?

  • ЩІакхъуэмрэ шагъырымрэ сыт къагъэлъагъуэр? (19, 20 едзыгъуэхэм еплъ.)

Хьисэ хуейт и лъэужь ирикІуэхэм илъэс къэс а махуэр ягу къагъэкІыжыну. Аращ Иеговэ и Щыхьэтхэр илъэс къэс щІызэхуэсыр Хьисэ и лІэныгъэр ягу къагъэкІыжын щхьэкІэ. Мыхьэнэшхуэ зиІэ а Іуэхугъуэм теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэн щхьэкІэ ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэр зэпкърыфх.

  • Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр дапхуэдэу зэрекІуэкІыр?

Хьисэ Алыхьым и Псалъэр фІыуэ илъагъут, цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ дэгуашэт икІи ядэІэпыкъут

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Укъелын щхьэкІэ, Хьисэ уи фІэщ хъу закъуэмэ аращ».

  • Иуан 3:16, Екъуб 2:17 итыр къэбгъэсэбэпу фІэщхъуныгъэ уиІэ закъуэкІэ зэрызэфІэмыкІыр дауэ цІыхум къызэрыгурыбгъэІуэфынур?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Щхьэщэхужыр фІыщІэ зэрытщІыр къытхуэгъэлъэгъуэнущ ХьисэкІэ фІэщхъуныгъэ диІэмэ икІи Хьисэ и лІэныгъэр дигу къыщыдгъэкІыж Пщыхьэщхьэшхэм дыкІуэмэ.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • ХьисэкІэ фІэщхъуныгъэ уиІэным сыт къикІыр?

  • Иеговэрэ Хьисэрэ къыпхуащІам щхьэкІэ дапхуэдэу фІыщІэ зэрахуэпщІыфынур?

  • Хьисэ Мэссихь и лІэныгъэр дигу къыщыдгъэкІыж Пщыхьэщхьэшхэм уекІуэлІэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

«Япэм гуэныхь сщІахэм си гур хагъэщІыжкъым» жыхуиІэ статьям еджи къащІэ зы цІыхубз гуэрым и гъащІэр дапхуэдэу ихъуэжами Хьисэ и лІэныгъэм къыхуихь сэбэпынагъыр къыщищІам щыгъуэ.

«Библием гъащІэр ехъуэж» («ХъумакІуэ чэщанэ», шыщхьэІум и 1, 2011 гъэ, урысыбзэкІэ)