Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

30 УРОКЫР

ЛІахэр къэтэджыжынущ!

ЛІахэр къэтэджыжынущ!

ЛІэныгъэр гуауэшхуэщ. Аращ Библиер лІэныгъэм бийкІэ щІеджэр (1 Коринф 15:26). 27-нэ урокым уэ къыщыпщІащ Иеговэ а бийр зэригъэкІуэдынур. Ауэ ди лІахэм теухуауэ сыт жыпІэ хъунур? Мы урокым уэ къыщыпщІэнущ Алыхьым къыдит гугъэ дахащэм теухуауэ. ЛІауэ цІыху миллиард бжыгъэ куэд Иеговэ къигъэтэджыжынущ. Абыхэм Іэмал яІэнущ гъащІэм гуфІэгъуэшхуэ хахыу, зэи мылІэжу псэуну! Апхуэдэ къэхъуну пІэрэ? Къэтэджыжахэр дэнэ щыпсэунур: уафэра хьэмэрэ щІылъэра?

1. Иеговэ лІахэм щхьэкІэ сыт ищІэнур?

Иеговэ хуабжьу хуейщ лІахэм гъащІэ яритыжыну. Алыхьым хуэпэжу щыта Іэиуб лІа нэужь Алыхьым ар зэрыщымыгъупщэнум шэч къытрихьэтэкъым. Абы Иеговэ мыпхуэдэу жриІащ: «Уэ укъызэджэнурэ, сэ жэуап уэстынущ». (Къеджэ Иов 14:13—15.)

2. Дэнэ дэ щытщІэр лІар къызэрытэджыжыфынур?

Хьисэ щІылъэм щыщыІам щыгъуэ Иеговэ абы къару иритащ лІахэр къигъэтэджыжыну. Илъэс 12 хъу хъыджэбз цІыкІумрэ фызабэм и къуэмрэ Хьисэ къигъэхъужащ (Марк 5:41, 42; Лука 7:12—15). ИужьыІуэкІэ Хьисэ и ныбжьэгъу Лазар лІащ. Лазар зэрыщІалъхьэжрэ махуиплІ дэкІами, Хьисэ ар къигъэтэджыжащ. ЯпэщІыкІэ Хьисэ Алыхьым елъэІури, кхъэлэгъунэмкІэ джащ: «Лазар, мыбы къыщІэкІыж!» Абдежым «лІар... кхъэлэгъунэм къыщІэкІыжащ» (Иуан 11:43, 44). Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт Лазар и унагъуэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ яІа гуфІэгъуэшхуэр!

3. Ди лІахэм теухуауэ сыт хуэдэ гугъэ диІэр?

Библием итщ лІахэр къызэрытэджыжынур (Апостолхэм 24:15). Хьисэ къигъэтэджыжауэ щытахэр уафэм кІуакъым (Иуан 3:13). Ахэр мы щІылъэращ къыщытэджыжауэ щытар икІи ахэр абы щыгуфІыкІт. Куэд мыщІэу Хьисэ лІахэр миллиард бжыгъэкІэ жэнэтыщІым къыщигъэтэджыжынущ икІи гъащІэ мыухыж абыхэм яритынущ. Абы жиІащ «кхъэм щІэлъ псори» къызэригъэтэджыжынур, куэд щІауэ цІыхухэм ящыгъупщэжахэри абыхэм яхэту. Ауэ Иеговэ зыри щыгъупщакъым (Иуан 5:28, 29).

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Хьисэ лІахэр къигъэтэджыжыну зэфІэкІ зэриІэм икІи Іэмал имыІэу ахэр къызэригъэтэджыжынум теухуауэ къащІэ. Абы теухуауэ Библием итым гугъапІэрэ гупсэхугъуэрэ къыуитынущ.

4. ЛІахэр къигъэтэджыжыну къару зэриІэр Хьисэ дигъэлъэгъуащ

Хьисэ и ныбжьэгъу Лазар хуищІам теухуауэ нэхъыбэ къащІэ. Иуан 11:14, 38—44 итым фыкъеджи мы упщІэхэм фегупсыс:

  • Дэнэ дэ щытщІэр Лазар пэж дыдэу лІауэ зэрыщытар? (39 едзыгъуэм еплъ.)

  • Дауэ уеплърэ, Лазар лІа иужь уафэм кІуатэмэ, Хьисэ ар щІылъэм къыщигъэтэджыжынут?

ВИДЕОМ феплъ.

5. ЛІахэр миллиард бжыгъэкІэ къэхъужынущ!

Псалом 37:29 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • ЛІахэм къахэтэджыкІыжынухэр дэнэ щыпсэунур?

Хьисэ къигъэхъужынур Иеговэ хуэлэжьахэм я закъуэкъым. Апостолхэм 24:15 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • Къэтэджыжынухэм щыщу хэтыт уэ плъэгъуну узыхуейр?

Адэм и сабийр тыншу къызэригъэушым хуэдэу, Хьисэ и дежкІи гугъукъым лІар къигъэтэджыжыну

6. ЛІахэр къызэрытэджыжынум гупсэхугъуэрэ гугъапІэрэ къыдет

Иаир и пхъум теухуа хъыбарым гуауэ къызылъэІэса куэдым гупсэхугъуэ иритыжащ. Лука 8:40—42, 49—56 абы теухуауэ итым къеджэ.

И пхъур къигъэхъужын ипэ Хьисэ Иаир мыпхуэдэу жриІащ: «Умышынэ уэ. ФІэщхъуныгъэ зигъэІэ къудей» (50 едзыгъуэм еплъ). ЛІахэр къэтэджыжыну диІэ гугъэр уэ дауэ къызэрыбдэІэпыкъунур:

  • фІыуэ плъагъу цІыхур лІэныгъэм пІэщІихамэ?

  • уи гъащІэр пфІэкІуэдынкІэ шынагъэ щыІэмэ?

ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэр зэпкърыфх.

  • ЛІахэр къызэрытэджыжынум теухуа гугъэм Фелисити и адэ-анэм дауэ къару къазэрыхилъхьэр?

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «ЛІахэр щІылъэм къыщытэджыжыну фІэщхъугъуейщ».

  • Уэ абы дауэ узэреплъыр?

  • ЛІахэр Іэмал имыІэу къызэрытэджыжынум теухуауэ Библием ит сыт хуэдэ едзыгъуэт а цІыхум ебгъэлъэгъунур?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Библием итщ лІахэр миллиард бжыгъэкІэ къызэрыхъужынур. Иеговэ хуейщ абыхэм гъащІэ яритыжыну. Аращ абы Хьисэ лІахэр къигъэтэджыжыну къару щІритар.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Иеговэрэ Хьисэрэ сыт хуэзыгъэушынур миллиард бжыгъэ хъу лІахэр къагъэтэджыжыну?

  • Миллиард бжыгъэ хъу цІыху къэхъужахэр дэнэ щыпсэунур: уафэра хьэмэрэ щІылъэра? Сыт апхуэдэу къыщІэплъытэр?

  • ЛІахэр къызэрытэджыжынур сыт уи фІэщ зыщІыр?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

ФІыуэ илъагъур зыфІэкІуэдам Библиер къыдэІэпыкъуфыну?

«ФІыуэ плъагъу цІыхур щылІам деж» (5:06)

ФІыуэ илъагъур зыфІэкІуэда сабийм дапхуэдэу узэрыдэІэпыкъуфынур?

«Щхьэщэхужыр» (2:07)

Уафэм щыпсэун щхьэкІэ зыгуэр къэхъужыну? Хэт лІахэм щыщу къэмытэджыжынур?

«ЛІахэр къэтэджыжыным сыт къикІыр?» (интернет-статья, урысыбзэкІэ)