Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

34 УРОКЫР

Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъур дапхуэдэу зэредгъэлъагъу хъунур?

Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъур дапхуэдэу зэредгъэлъагъу хъунур?

Библиер зэрыбджрэ Алыхьым нэхъ гъунэгъу ухуэхъуауэ зыхэпщІэрэ? Абырэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэж хъуну ухуейт? Ухуейуэ щытмэ, Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэр хэгъахъуэ. Апхуэдэу пщІэмэ, езыми нэхъыфІыжу укъилъагъунущ икІи и нэІэ къыптригъэтынущ. Дапхуэдэу уэ Алыхьым зэребгъэлъэгъуфынур ар фІыуэ зэрыплъагъур?

1. Иеговэ дапхуэдэу зэредгъэлъагъу хъунур ар фІыуэ зэрытлъагъур?

Иеговэ жиІэм дедаІуэмэ, ар фІыуэ зэрытлъагъур къэдгъэлъэгъуэнущ. (Къеджэ 1 Иуан 5:3.) Абы зыри хигъэзыхькъым и хабзэм тету псэуну, атІэ жиІэм едэІуэнрэ емыдэІуэнрэ къыхихыну дэтхэнэ зы цІыхуми Іэмал ирет. Сыт щхьэкІэ? Иеговэ хуейщ ди гуми ди псэми къыбгъэдэкІыу абы дедэІуэну (Рим 6:17). НэгъуэщІу жыпІэмэ, Иеговэ дедэІуэну хуэфащэми, дэ ар фІыуэ зэрытлъагъум къыхэкІыущ абы дыхуэлэжьэну зэрыхуейр. Мы тхылъым и 3, 4 разделхэр къыддэІэпыкъунущ Иеговэ ифІэфІыр тщІэуэ икІи ифІэмыфІ Іуэхухэм пэІэщІэ зыхуэтщІу зедгъэсэну.

2. Иеговэ и жыІэм ущІэтыну сытым дежи тыншу щхьэ щымытрэ?

Библием итщ: «ЦІыху пэжым гугъуехьыр и куэдщ» (Псалом 34:19). Дэтхэнэ зыри ныкъусан тхэлъхэм добэн. Абы нэмыщІ ахъшэншэ дыхъункІэ хъунущ, лей къыттрагъэхьэнкІэ е нэгъуэщІ гугъуехь гуэрхэм дыпэщІэхуэнкІэ хъунущ. Дэ гугъуехь гуэр дыщиІэм деж Иеговэ зэрыжиІэм хуэдэу тщІыну къыдэгугъуэкІынкІэ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уэ узэрыхуейм хуэдэу пщІыну нэхъ тыншщ. Ауэ Иеговэ зэрыжиІэм хуэдэу пщІэмэ, абыкІэ уэ къэбгъэлъэгъуэнущ абы жиІэр уи деж псом нэхърэ зэрынэхъапэр икІи ар фІыуэ зэрыплъагъур. Ар Алыхьым узэрыхуэпэжыр къызэрыбгъэлъэгъуэфын Іэмалхэм ящыщ зыщ. Апхуэдэу пщІэмэ, Иеговэ уэри къыпхуэпэжынущ икІи зэи укъигъэнэнукъым. (Къеджэ Псалом 4:3.)

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Уэ бгъэлъагъуэ жыІэдаІуэныгъэр Иеговэ лъапІэу щІилъытэмрэ абы хуэпэжу укъэнэн щхьэкІэ пщІэ хъунумрэ къащІэ.

3. ШейтІаным уэри уегъэкъуаншэ

Иов тхылъым дэ къыщыдощІэ Іэиуб нэмыщІ Иеговэ едэІуэну хуей дэтхэнэ зы цІыхури ШейтІаным зэригъэкъуаншэр. Иов 1:1, 6—2:10 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Іэиуб Иеговэ щІыхуэлажьэм и щхьэусыгъуэу ШейтІаным сыт жиІар? (Еплъ Иов 1:9—11.)

  • ШейтІаным цІыхуу хъуар, уэри абыхэм уахэту, сыт зэригъэкъуаншэр? (Еплъ Иов 2:4.)

Иов 27:5 и етІуанэ Іыхьэм къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Іэиуб игу псомкІи Иеговэ фІыуэ зэрилъагъур дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар?

Іэиуб Иеговэ фІыуэ зэрилъагъур къигъэлъэгъуащ абы пэжу къызэрыхуэнамкІэ

Дэ Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъур къэдгъэлъэгъуэнущ, абы пэжу дыкъыхуэнэмэ

4. Иеговэ гъэгуфІэ

Притчи 27:11 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Иеговэ ущедаІуэм икІи Іущагъ щыбгъэлъагъуэм деж сыт абы зыхищІэр? Сыт абы апхуэдэ гурыщІэ щІиІэр?

5. Уэ Иеговэ хуэпэжу укъэнэну пхузэфІэкІынущ

Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъум дыхуегъэуш абы теухуауэ нэгъуэщІхэм яжетІэну. Алыхьым дызэрыхуэпэжыр дэ къыддэІэпыкъунущ Іуэхур щыгугъум дежи хъыбарыфІыр дгъэІуну. ВИДЕОМ еплъи мы упщІэхэм жэуап ет:

  • Иеговэ теухуауэ нэгъуэщІхэм яжепІэну уи дежкІэ гугъу?

  • Грейсон шынэм текІуэну сыт къыдэІэпыкъуар?

Иеговэ пэжу дыкъыхуэнэну нэхъ тынш хъунущ, абы фІыуэ илъагъур дэри фІыуэ тлъагъумэ, гущыкІ зыхуищІым дэри гущыкІ хуэтщІмэ. Псалом 97:10 къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Иеговэ теухуауэ къэпщІам тепщІыхьмэ, сыт абы фІыуэ илъагъур икІи сыт илъагъу мыхъур?

  • Алыхьым фІыуэ илъытэр фІыуэ плъагъуу, Іейуэ илъытэр плъагъу мыхъуу дауэ зэрызебгъэсэнур?

6. Иеговэ жиІэм дызэредаІуэм ди сэбэпынагъ хэлъщ

Алыхьым зэрыжиІэм хуэдэу пщІэмэ, уэ зэи ухущІегъуэжынукъым. Исайя 48:17, 18 къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • ДэркІэ сытыр нэхъыфІми Иеговэ зэрищІэр уи фІэщ хъурэ? Сыт щхьэкІэ?

  • Библием къыщыпщІамрэ Алыхь пэж Иеговэ теухуауэ къэпщІамрэ сыткІэ сэбэп къыпхуэхъуа?

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Сэ си дуней тетыкІэр Алыхьым къыфІэІуэхукъым».

  • Дэ ди дуней тетыкІэр Алыхьым къыфІэмыІуэхуу зэрыщымытыр апхуэдэ цІыхум къыгурыбгъэІуэн щхьэкІэ, сыт хуэдэ едзыгъуэт ебгъэлъэгъунур?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэр къэбгъэлъэгъуэфынущ абы жиІэм уедаІуэмэ икІи гугъуехь узыпэщІэхуэхэм емылъытауэ пэжу укъыхуэнэмэ.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Іэиуб и щапхъэм сыт хуэдэ дерс хэпха?

  • Иеговэ фІыуэ зэрыплъагъур дапхуэдэу къызэрыбгъэлъэгъуэфынур?

  • Иеговэ хуэпэжу укъэнэн щхьэкІэ сыт къыбдэІэпыкъунур?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Иегови зэхуэсми уазэрыхуэпэж хъунур къащІэ.

«Уэ узыхуэпэжыр къыпхуэпэжыращ» (16:49)

ШейтІаным цІыхухэм пцІы зэрытрилъхьэм теухуауэ нэхъыбэ къащІэ.

«Іэиуб Алыхьым пэжу къыхуонэ» («Библиемрэ абы и темэ нэхъыщхьэмрэ», 6 Іыхьэр, урысыбзэкІэ)

Сабийхэми Иеговэ лъагъуныгъэ зэрыхуагъэлъэгъуэфынум еплъ.

«Иеговэ гъэгуфІэ» (8:16)

Дауэ ныбжьыщІэхэр Иеговэ пэжу къызэрыхуэнэфынур къадеджэхэм къызэрытракъузэм емылъытауэ?

«Къыбдеджэхэр зэран зыхуомыгъэхъу!» (3:59)